Адыгэ Хэку (Черкесия) (исполнитель: ● М. Барагунова)

Щикъухьащ адыгэр къэрал куэдым,
Яфыщ1ащ жыг уардэр щысхь имы1эу.
Нэхъ къащтат лъэпкъ к1уэдыр дэ къытхуэк1уэм,
Бзэи Хабзи-псори хэк1уэдэжу.
Зы зэманк1э узэ1эбэк1ыжым
щ1ы 1эмыщ1эр и хъуржыным илъу
Ибгынат Хэкужьыр ди нэхъыжьым-
Пичми и гур, лъагъуныгъэр изу... 

Тенджызым адэк1э пшынэр къыщо1урэ
Пшыналъэ дахэри си деж къо1ус,
Къысхуобзэрабзэри си гум зыдещ1,
Лъэпкъым и тхыдэри, Хабзэри къафэм къыхощ.
Толъкъун хъыринэурэ мэкъамэр йощ1эрэ
Си щ1ылъэ анэми сыногупсыс,
Сынодэхащ1эри сыпхуогумащ1,
Ф1ылъагъуныгъэми уэрэдыр сэ сегъэус.

Си псэм щызгъаф1эурэ мы си гум хэлъ,
Дыгъэ нэ бзийурэ мы щ1ыгум щепс,
Уэ си лъэпкъ щыпкъэр узи-гухэлъщ,
Уэ дыгъэпс гуапэурэ си деж къыщепс..
Си псэм щызгъаф1эурэ мы си гум хэлъ,
Дыгъэ нэ бзийурэ мы щ1ыгум щепс,
Уэ си лъэпкъ щыпкъэр си псэм ухэлъщ,
Уэ дыгъэпс гуапэурэ си гум и къуэпс

Уэсыр къытелъми бгым пшэ 1эрамэурэ
Сэ 1уащхьэмахуэ къызохуэбэк1.
щыгур мылылъэми лъэр нызохус,
Адрыщ1 сэламыри лъап1эурэ лъэпкъым изох.
Псэр щыпхуэзэшк1эрэ уэ узиплъап1эурэ
Пшагъуэр ток1уэтыри дыгъэр къыкъуок1,
Жэщк1эрэ мазэри вагъуэм хосыхь,
Си лъагъуныгъэри гущ1эм хамэщ1 къыщызох

Си псэм щызгъаф1эурэ мы си гум хэлъ,
Дыгъэ нэ бзийурэ мы щ1ыгум щепс,
Уэ си лъэпкъ щыпкъэр узи-гухэлъщ,
Уэ дыгъэпс гуапэурэ си деж къыщепс..
Си псэм щызгъаф1эурэ мы си гум хэлъ,
Дыгъэ нэ бзийурэ мы щ1ыгум щепс,
Уэ си лъэпкъ щыпкъэр си псэм ухэлъщ,
Уэ дыгъэпс гуапэурэ си гум и къуэпс

Ф1ыуэ слъагъу Лъахэурэ адэжь щ1ыналъэмэ
Си гур ныпхуе1эурэ си гъащ1эр сохь.
Адыгэ Хасэу лъэпкъым и л1ык1уэм
Псэхэр зэпищ1эурэ си гугъэр къысхуегъэнэху.
Жэнэт къысщыхъуурэ дуней дэхащэмэ
дыгъэри мазэри къысхуещ1ыр тыхь,
зы насып вагъуи сэ къысхудок1уэ-
Гурыщ1э къабзэми и ф1ыгъуэр сэ согъэунэху

Си псэм щызгъаф1эурэ мы си гум хэлъ,
Дыгъэ нэ бзийурэ мы щ1ыгум къыщепс,
Уэ си лъэпкъ щыпкъэр си псэм ухэлъщ,
Уэ дыгъэпс гуапэурэ си гум и къуэпс..
Послушать/Cкачать эту песню
Mp3 320kbps на стороннем сайте

Открытка с текстом :
Удобно отправить или распечатать
Создать открытку
У нас недавно искали песни:
Дервиши ассалам алейкум  Yeasayer blue paper  Log Dog - Я Подарю Тебе  Start A Riot THE FEATHERZ remix The Playfellow  Whats Now  Для меня нет ничего я разучился  3 Что случилось feat SDF Реальный Рэпчик 9 Грамм  Я сверну горы если ты скажешь 
О чем песня
● М. Барагунова - Адыгэ Хэку (Черкесия)?
2020 © Tekstovoi.Ru Тексты песен