Уэрэ сэрэ (Къуэдзокъуэ Къуэдзокъуиуса) (исполнитель: Чарим Нахушев)

Уэрэ сэрэ 
Къуэдзокъуэ Хьэсэн и щхьэгъусэ 
Ащнокъуэ - Къуэдзокъуэ Тамарэ хуитхащ. 

Мы уэрэдыр хэк|уэтауэ пхуэзусами, 
Мы си щхьэцым уэс мытк|ужыр къытесами, 
Сэ къысф|ощ|ыр уэрэ сэрэ 
Япэу нобэ дызэхуэзэу. 
Уэрэ сэрэ, 
Уэрэ сэрэ 
Япэу нобэ дызэхуэзэу. 

Гъащ|э гъуэгур къыттехьэлъэу къыздэтк|уами, 
Гугъуехь псоми дызэгъусэу дытек|уами, 
Сэ къысф|ощ|ыр уэрэ сэрэ 
Гъуэгум нобэ дыздытехьэу. 
Уэрэ сэрэ, 
Уэрэ сэрэ 
Гъуэгум нобэ дыздытехьэу. 

Бгым дыдэк|ыу къехыжып|эм дыкъэсами, 
Пщэдей гъащ|эр гум, зэхищ|эу, къе|усами, 
Сэ къысф|ощ|ыр уэрэ сэрэ 
Гъуэгуанэшхуэ къытпэщылъу. 
Уэрэ сэрэ, 
Уэрэ сэрэ 
Гъуэгуанэшхуэ къытпэщылъу.
Послушать/Cкачать эту песню
Mp3 320kbps на стороннем сайте

Открытка с текстом :
Удобно отправить или распечатать
Создать открытку
У нас недавно искали песни:
Моя Эйфель  Младшая моя  Кончаются сказки  Adriano Celentano - Africa  Птаха-нет тебя во мне  Пшеничная  Интернет пиздаболы 
О чем песня
Чарим Нахушев - Уэрэ сэрэ (Къуэдзокъуэ Къуэдзокъуиуса)?
2020 © Tekstovoi.Ru Тексты песен