Жаниболэт и гъыбзэ (исполнитель: Къэрдэнгъущ1 Зырамыку)
Ядэ гущэри Ечэмэзыкъуэ, И къуэри Жаниболэти. Ар Жаниболэт гущэмэ и закъуэ, Уэ, и закъуэ щхьэкlэрэ, закъуащэт. Рэ, Андолэ гуащэри си егъути, Зэкъуэ-зэшыбгъури тхьэщишэт. Уэр, си цей джэхужьри кlэбдзауэт, Уэр, Жаниболэт гущэр мэуэхъур. Ай, lэнэр зэрипхъуэ гущэмэ си lэщхьэ, Уэр, си lэщхьэжьитl гущэри мэпсэхукъэ. Уэр, Тэмэз и къуищ гущэри си хьэщlэт, Уэр, си хьэщlэ щхьэкlэ, си щlасэт. Яш гущэхэр хьэуазэм къегъэгъуи, Езы гущэхэр хьэщlэщ нэщlыжьым щlогъухьыр.