Си Адыгэбзэ (исполнитель: Маремуков Хусен)

Уи бзэр бзууэ пlэщlэкlамэ,
Кlэлъылъати къэпхъуэтэж.
Ар уи щlэблэм lурыпчамэ,
Къэтlи мащэ итlысхьэж.

Ежьу:
Къэтlысыт сибгъукlэ, си анэ дыщэ,
Гущэкъу уэрэдкlэ къызэlущащэ.
Сэ псэуэ сиlэр, ар си анэбзэщ,
Ар си анэбзэ, си адыгэбзэщ.

Пщэдджыжь нэхулъэм вагъуэр полъэлъри,
Къуалэбзуубзэр мэхъур пшынэбзэ.
Бзум я бзэ дахэр сфlощl си анэбзэ,
Ар си анэбзэ, си адыгэбзэ.

Ежьу

Жыгей мэзыжьу жьым къигъэушым,
Ныдэуэршэру псынэр мэушэ.
Псынэ lущащэр сфlощl си анэбзэ,
Ар си анэбзэ, си адыгэбзэ.

Ежьу

Гъатхэ накъыгъэм щlыр игъэпсалъэу,
lурхэр бэвыгъэу къызэрылъалъэм.
Щlылъэм lурылъыр сфlощl си анэбзэ,
Ар си анэбзэ, си адыгэбзэ.

Ежьу
Послушать/Cкачать эту песню
Mp3 320kbps на стороннем сайте

Открытка с текстом :
Удобно отправить или распечатать
Создать открытку
У нас недавно искали песни:
Город остывших морей  Бумер - пацаны Bumer  Праздничная ночь  Главное сегодня лето  Песня Куромо Розарио и вампир  Кете бардын 
О чем песня
Маремуков Хусен - Си Адыгэбзэ?
2020 © Tekstovoi.Ru Тексты песен