Дзыгъур кIаш и тхьэусыхэ (исполнитель: ХьэхъупащIэ Амырхъан)

Хэку гущэмэ сыщымыдыгъуэти ей, уо
Дыгъуап1эу си1ари Бещтоужьыф1трэт1э

Шыпэхужь гущэмэ сыщытесыгъэхэмэ 
Тутнакъыри си гумэ къэмык1эрэ т1э

Си дыгъэ бын гущэри сигумэ къэк1мэ
Хуэмыфащэуэ сыкъегъэдзыхэ рэ т1э

Сэрмахуэ си 1уэхум ипэрик1э, уо
Уей дуней щыблэу къыкъуок1ырэт1э

Мыдэк1эрэ блэ къуэлэнык1эуэрэ, уо
Ой а махуэмэ къысф1ощырэ 

Фощнэщыжьхэмэ, уо, я уэсияттик1и, уо 
Тхьэм зэритмэ емыфык1 узрэт т1э, уо

Ажал уз бзаджэ гущэти си псэр хэмык1 щ1ык1э, уо
Ой, сик1ынути лъагъуэр имы1эрэт т1э, уо

Лъагъуэуэ явам (?) зы хьэ къытожьэрэ т1э, уо
Джаурыжьхэри къытхопхъэрри

Шу пхъэр куэдхэмэ, уо пщ1ант1эр япщытэрэт1э, уо
Уэй сощатэри к1ыф1ым сыхохьэ рэ т1э

Хьэдрыхэурэ, уо, дыгъэр зытепсэмэ, уо
Уэй сыпсэурэ игъуу сыдоплъырэ т1э, уо

Дыгъуэгъухэурэ къыск1элъымыплъхэм жи
Алыхь - Талэми къахуимыгъэгъу.

И псалъэ гущэри, уэ уо, и щхьэм щымытхъууэ, уо
И нэмыс гущэмэ хамэр ехъуапсэрэ т1э

Ар езыри хэтхэ ящыщ жып1эмэ, уэ
Дзыгъур и къуэк1э ди К1ашти

Ныбжьыщ1эурэ, уо къызэзнэк1ыгъэмрэ, уо
Саби бынгуэрэ къыск1элъыгъыбэмрэ

Си анэжьурэ къыск1элъыпыхьэмрэ, уо
Схуэмыфащэурэ сыкъегъэдзыхэрэ т1э, уо

Схуэмыфащэурэ, уо си 1эщэфащэрик1, уо 
Ой а махуэмэ си бгым нырахырэ т1э

Жагъуэгъухэурэ сызэхэзыххэм жи, уо
К1аш жари сра – Тхьэлъанэтик1э

Ныбжьэгъуф1хэурэ сызэхэзыххэм жи, уо
К1аш – жари саф1эгуузтик1э
Послушать/Cкачать эту песню
Mp3 320kbps на стороннем сайте

Открытка с текстом :
Удобно отправить или распечатать
Создать открытку
У нас недавно искали песни:
Son paskal махаббат  Inkar  Rufus  С возвращением максим  Electro  Emmalyn drake  Because My Steps Are Slow  Кушаю яд RiDer 
О чем песня
ХьэхъупащIэ Амырхъан - Дзыгъур кIаш и тхьэусыхэ?
2020 © Tekstovoi.Ru Тексты песен