гъыбзэ(Тимур) (исполнитель: Рустам Жириков)
УпсэухукIэ псапэ къэпхьу Мы дунейм уэ утетащ ХьэлкIэ цIыхухэр къыдэпхьэхыу Псоми фIыуэ уалъэгъуащ. Бетэмалу август мазэм Уэ шэ фIыцIэр къыптехуащ Хахуэу уи къалэн бгъэзащIэу Дуней дахэм уехыжащ. Илъэс тIощIрэ йы ухъуауэ Уэ, Тимур, Тхьэм утIихащ Икъутащ дэ ди псэр гуауэм Ауэ ди гум укъинащ. Илъэс тIощIрэ йы ухъуауэ Уэ, Тимур, Тхьэм утIихащ Икъутащ дэ ди псэр гуауэм Ауэ ди гум укъинащ. Уэ Шыгъушэхэ я лъэпкъым ЗейкI уащымыгъупща Уи къуэ закъуэ, Iэзэмэти АдыгэлI уэ уэщхьу хъуащ Уи къуэшитIми уэ уи шыпхъуми ФIыкIэ я гум укъокIыж Ущалъхуа къуажэжь - Зэйыкъуи Зыми я гум уимыхуыж. Илъэс тIощIрэ йы ухъуауэ Уэ, Тимур, Тхьэм утIихащ Икъутащ дэ ди псэр гуауэм Ауэ ди гум укъинащ. Илъэс тIощIрэ йы ухъуауэ Уэ, Тимур, Тхьэм утIихащ Икъутащ дэ ди псэр гуауэм Ауэ ди гум укъинащ. Къэзылъхуа Бусенэ магъыр: "Сыту мыгъуэ сыунэхъуа" ЖеIэр мазэ фIэкI мыхъуауэ Уи къуэ цIыкIур къэбгъэнат. И гур магъ и адэ Толи: "Сыту мащIэт къэбгъэщIар Дади нани уэ пхуэпсоууэ Дэ ди япэ ущIищар?" Илъэс тIощIрэ йы ухъуауэ Уэ, Тимур, Тхьэм утIихащ Икъутащ дэ ди псэр гуауэм Ауэ ди гум укъинащ.Илъэс тIощIрэ йы ухъуауэ Уэ, Тимур, Тхьэм утIихащ Икъутащ дэ ди псэр гуауэм Ауэ ди гум укъинащ.