Зэныбжьэгъуищ (R.R.Project Studio) (исполнитель: Аслан Кятов)
Зэныбжьэгъуищыу джэгум дыздокlуэ, Дыздэкlуэ джэгур мафlэ лыгъейкъэ. Уэхьайрэ-райрэ, уэрайдэ-райрэ, Сызэгуэуд мыгъуэ, си дахэк1ей Ахъшэкlэ уащэмэ укъэсщэхункъэ, Лlыгъэкlэ уатмэ си псэр хэсхынкъэ. Уэхьайрэ-райрэ, уэрайдэ-райрэ, Сызэгуэуд мыгъуэ, си дахэк1ей Гъатхэпэ бзухэм уицlэр къызжаlэ, Уицlэр къызжаlэм сипсэр къолъатэ. Уэхьайрэ-райрэ, уэрайдэ-райрэ, Сызэгуэуд мыгъуэ, си дахэк1ей Дахэм и набдзэхэм сигур дахьэхыр, Сигур дэхьэхри даурэ бжесlэн-тlэ? Уэхьайрэ-райрэ, уэрайдэ-райрэ, Сызэгуэуд мыгъуэ, си дахэк1ей. Дыздэкlуа джэгур адыгэ джэгути, Дигур дгъэтlылъри динэр дгъэплъаи! Уэхьайрэ-райрэ, уэрайдэ-райрэ, Сыбгъэунэхъуа мыгъуи, си дахэк1ей. Уигум илъ щ1алэр зэгуэр къэсщ1атэм Мы сигу къабзэри лъэмыж пхуэсщ1ынкъэ Уэхьайрэ-райрэ, уэрайдэ-райрэ, Сызэгуэуд мыгъуэ, си дахэк1ей. Зэныбжьэгъуищыу джэгум дыздокlуэ, Дыздэкlуэ джэгур дэ ди1э джэгущи Уэхьайрэ-райрэ, уэрайдэ-райрэ Къыздэк1уэ къыздэк1уэ, си дахэк1ей