Къербэч и гъыбзэ (исполнитель: Къэрдэнгъущl Зырамыку)

. - Къэниемэ дзэшхуэр къежащ, жыфIи,
Къербэчым тхузэхевгъэх.
2. - Дыщысыххэурэ педгъэшхыкIынкъым, - жери,
Къербэчыр ныдошэсыкI.
3. Ар ныдокIри, тэджэлеягъуэт,
Хуарагъуэр блащхъуэжь зеуэкIэт.
4. Нэгъуей закъуэр къэрэсэкъалт,
И зы гум бланэр къыщилIырт.
5. Зи лIэгъуэр къытхузэрахьэ,
Къахь гущэри къыпагъэтIыс.
6. Щхьэгуащэр икIыгъуэ закъуэт,
Лъагъуэ закъуэр къыпеубыд.
7. - Сыдоплъейри - вагъуэшхуэт,
Сыкъоплъыхри - лъэ закъуэ увыпIэт.
8. Къызогуоури, сэ си уэркъ напэм
А махуэм сыхутемыкI.
9. Зы шэ къокIри дыкъегъэунэхъу,
МыхъужынкIэ шэч къытыдохьэ.
10. Ар дзэшхуэт, къупщхьэм йодзыIэ,
Шын фари сыхьэнкIэ щIах.
11. ХеипIэм Къербэч йокIуадэ,
И шыпхъу дахэм кърегъэгъых.
12. И адэурэ Мыхьэмэтышхуэр
Сэрейм къыщызэфIощIэ.

Къербэч теухуауэ хъыбарыжьхэм къаIуэтэжыр икъукIэ мащIэщ. Уэрэдым зэрыжиIэмкIэ, Щхьэгуащэпсыр я зэхуакуу Къербэч зыдэса Къэние къуажэмрэ Нэгъуей къуажэмрэ зэпэщысу псы Iуфэ зырызым Iусащ. А зэман жыжьэм лъэпкъхэр фIыуэ зэрымылъагъуу, зэбийуэ, зэкъуэхуауэ зэрыгъуэтмэ, зыр адрейм теуэрэ зэрипхъуэу щытащ. Апхуэдэу къэмыхъун щхьэкIэ, зыхуэсакъыу, щхьэж и къуажэ ихъумэжу апхуэдэут зэрыпсэухэр.
Адыгэ къуажэм, Къэнием, щIалэ бланэ мышынэу, и къуажэр бийм щихъумэжу Къербэчыр дэст. Нэгъуейхэр Къербэчым щышынэрти, теуэу къуажэр зэрапхъуэну иракуртэкъым.
Нэгъуейхэм мурад ящIащ, Къербэчыр пцIыкIэ ягъэпхъэру утыку ирагъэлъадэу яукIыну. Апхуэдэуи ящIащ. Нэгъуей фочауэ лIыжь кIэсу къахьри къуршыщхьэ лъагъуэ закъуэм къыпагъэтIысащ. «Къэнием дзэшхуэр къежащ, жыфIи, Къербэчым тхузэхевгъэх», жари, нэгъуейхэм хъыбарыпцI зыкIэщIаутIыпщыкIащ.

Къербэч ар щызэхихым, «Дыщысыххэурэ, педгъэшхыкIынкъым», - жери, шэсри дэжащ. Нэгъуейхэр зыхуейр ар дыдэрт. Къыр лъагъуэ закъуэм тету здэжэм нэгъуей лIыжь фочауэм Iууащ.

Къербэч къызэтемыувыIэу щыкIуэм, нэгъуей фочауэ лIыжьыр къеуэри и куэпкъыр къызэпиудащ, езыми лIыжьыр иукIри блэкIащ.
Къербэчыр уIэгъэ хьэлъэу къэкIуэжащ. Iэзэхэр еIэзэу, щIопщакIуэхэр хуащIу, дыуэ-дыуэпсхэм ирагъафэу куэдрэ пIэм хэлъа нэужь, и куэр пыфыкIащ.
Къербэч лIэн гъунэгъу щыхъум, и адэ Мыхьэмэт жраIащ и къуэр зэрынихьэсар, мылIэ щIыкIэ илъагъужмэ зэрынэхъыфIыр.
А зэманым, адыгэ хабзэмкIэ, адэмрэ къуэмрэ я кум хабзэ ткIий зэхуилъу, адэр къуэм емыпсалъэу, дэмыгушыIэу, къуэр адэм сыткIи фIэлIыкIыу, нэмыс хуищIу щытащ.

И къуэр псэу щIыкIэ илъэгъужыну Мыхьэмэтым щыжиIэм, и адэр къызэрыщIыхьэнур и къуэм жраIащ.
- Сэ сыхэлъу си адэр къысщхьэщыхьэну сыхуейкъым. Унащхьэ бгыкъум кIапсэ ифщIи къысIэщIэфлъхьэ! - жиIэри кIапсэ ирыригъэщIащ. АбыкIэ къызэфIэувэри, щыту и адэр зыпэригъэхьащ.
Адэр къыщIэкIыжа нэужь, Къербэч джалэри лIащ. И къуэр зэрылIар и адэм щыжраIэм:
- Бетэмал, щIалащэу ажалым пэуват, армыхъумэ лIы къыхэкIынут, - жиIащ.
ГъэщIэгъуэныракъэ, Iуэхур къыщыхъуауэ, уэрэдыр щаусауэ къаIуатэ щIыпIэм, Щхьэгуащэпсыр щежэх Адыгейм (Щхьэгуащэпсыр къуршым къожэхри, Мейкъуапэ къалэбгъумкIэ блож), уэрэдыр щыжаIэркъым икIи щащIэркъым. Къербэч и уэрэдыр жызыIэр адыгэ лъэпкъхэм щыщу къэбэрдейхэм я закъуэщ.

Апхуэдэу щыт пэтми, адыгэ уэрэдхэм Къербэч и уэрэдым нэхъ дахэ яхэгъуэтэгъуейщ. Уэрэдым и псалъэм хуэдэжкъым и макъамэмрэ и ежьумрэ - зэщIэжьыуэу зэпэджэжым къыщымынэу, зэгуэхырабгъу имыIэу а тIур зэхэухуэнащи, абы гъэщIэгъуэныщэу уэрэдым и макъамэр жьгъыру ещI, адыгэм и музыкальнэ лъэкIыныгъэр лъагэу еIэт.
1950 гъэм щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым сессие иригъэкIуэкIырт. ЩIэныгъэшхуэ зиIэ лIы цIэрыIуэ куэд къыщызэхуэсат. Абы къэкIуа профессор гуэрым (ди жагъуэ зэрыхъущи, и унэцIэр тIэщIэхуащ) радиом къиту Къербэч и уэрэдыр зэхихати, а сессием щыжиIэгъащ: «Апхуэдэ уэрэд дахэ, музыкальнэ и лъэныкъуэкIэ гъэщIэгъуэн дыдэ, зэхэзылъхьэфынур талантышхуэ зиIэ лъэпкъырщ
Послушать/Cкачать эту песню
Mp3 320kbps на стороннем сайте

Открытка с текстом :
Удобно отправить или распечатать
Создать открытку
У нас недавно искали песни:
Я теперь друга  Лепс Самый лучший день  УСКОРЯЯСЬ БЫСТРЕЙ 4 АПРЕЛЯ  Не уйти от судьбы  По голове себе постучи  Dance of the wild dance  Но у меня есть ты значит  Качнется купол неба 
О чем песня
Къэрдэнгъущl Зырамыку - Къербэч и гъыбзэ?
2020 © Tekstovoi.Ru Тексты песен