Япон Зауэ (исполнитель: Хьэгъэудж)
Къэбэрдеишхуэ уэркъышхуэ жылэ Мэзкуум я жылэр мэзэрызохьэ Шущхьэмыгъазэхэр зыуэм хуалъыхъуэ Къэбэрдей шумащ1эр ар шууищэ уасэщ Арысеишхуэр абы къыщ1оупщ1э Зи щхьэ щ1эупщ1эжхэм нобэ сыт я уап1э А япон зауэжьым К1эрэфыр хок1уадэ Дэ ди к1уэдыжыгъуэти, зауэр къадыдощтэ Мыдэк1э ди хэку зыщтахэр я ущасткэм исщ Жьэгъум къыщыс къущхьэм щ1ыт1 ирагъэубыд Ди танэжь яубыдмэ, сом ныкъуэ т1эщ1ах Хэкум ди кщхьэр идмыхмэ, дэнэ дыщыл1эн!.в Дунеижьым ик1эти икъутэжыгъуэщ Дэ дзэм дымык1уэмэ дэнэ дыщыл1эн Японыри л1ап1эу дэ къыхыдох Ди 1эщэр къэтщтэнуми дыщхьэхуимытщ Утыкум дихьэм жьэшхуэр къыдагъасэ Старшынэр къэсмэ и дамэр къытхуегъафэ. Гъуом я нэхъ фэншэми зегъэ1эдэкъэхъу 1эщэр зузэдым нобэр и л1эщ1ыгъуэщ Къэралыгъуэр тк1ийщи динэр имыгъаплъэ. Зи щхьэ хэзыхыжым и насып 1ыхьэщ Ди емынэ 1ыхьэм хьэщ1эу дыныхуашэ Зауэм дыщы1уашэк1э ек1э дыхуахуапээ