1уащхьэмахуэ (Музыкаюга.ру) (исполнитель: Мурат Хапсироков)
lуащхьэмахуэ зи лъэгагъым, уей, Щlэгъэкъуэн щlэмытырэ. Си lэр си щхьэм щlызогъакъуэри Мы ди lуэху мыгъум согупсыс. Усымаджэщ жаlэ мыгъуэри, Сымаджэщым сашэрэ. Сымаджэщым сэ сывмышэурэ Нэкъулэн къысхуэфшэжи. Си дарий шхыlэн мыгъуэри, уей, Си анэркъысщlеупщlэрэ. Хьэблэр щlэупщlакlуэурэ, уей, Пlэм сыкъыхэвна мыгъуи. Си пщыкъуэр къыщlохьэ мыгъуэри, — Унэхъыфl? — къызжеlэрэ. Си пщыпхъур къыщlохьэ мыгъуэри Хъун лъэпкъ къызжимыlэжи. Си гуащэр къыщlохьэ мыгъуэри, — Ухъужынщ, — къызжеlэри. Езыр къыщlохьэж мыгъуэри, уей, Тэджи кlуэж, — къызжеlэри. lуащхьэмахуэ зи лъэгагъым, уей, Щlэгъэкъуэн щlэмытырэ. Си lэр си щхьэм щlызогъакъуэри Мы ди lуэху мыгъум согупсыс.