Си дахэк1ей (исполнитель: Нарт)

Сэ уэ узэрыслъагъурэ уи мафlэм сэ сесыр.
Согъыри -- соукlытэ, сымыгъщи -- сызэгуоуд.
Мы дунеижьышхуэм жагъуэгъу щызикуэдщ,
Си дахэкIей, еу мыгъуэ, сыунэхъужа мыгъуи сэ.

Си шыгъуэжь цlыкlури кlэбдзкlэрэ согъатхъуэр,
Уи лъагъуныгъэми сэ сигъэтхъуа мыгъуи сэ.
Жагъуэгъу зимащlэм сыту и насып!
Си дахэкlей, си гущхьэр къытебэга мыгъуи сэ.

Мо ди lуащхьэжьыми дыгъэр кlэредзэри,
Сигу укъыщридзэкlэ, мафlэр къысщlонэ мыгъуэ сэ.
Лъагъуныгъэ мафlэр сыту къарууфlэ,
Си дахэкIей, яжьэ сыхъури сылъэлъэжа мыгъуи сэ.

Мо дыгъэ бзийхэри нэм къыщlоджэгури,
Джэгум укъыхэхьамэ мы си гур схуэмыубыдыж.
Лъагъуныгъэ щэхур нахуэ къысфlэхъунущ,
Си дахэкlей, ей мыгъуэ, схуэмышэчыжыну мыгъуэ сэ.

Гъатхэм и дахагъэм цlыхупсэр дехьэхыр,
Сэ си псэр дэзхьэхар жагъуэгъум сфlагъэкlуэдай.
Сызэгуэмыудыпэу зэ сыныпlуплъэжтэм,
Си дахэкlей, дуней кlыфlыр нэху къысщыхъуну мыгъуэт сэ.
Послушать/Cкачать эту песню
Mp3 320kbps на стороннем сайте

Видео к песне:
Открытка с текстом :
Удобно отправить или распечатать
Создать открытку
У нас недавно искали песни:
Роликсы ноганно  Modeselektor evil twin  Innocence Dubstep Nero  Помните их лица  Flux pavilion how rude  Мама с кроваткой  Упкэлэмэ козлэргэ Ирек Галиев  Oppa Kazan Style Роберт Исламов 
О чем песня
Нарт - Си дахэк1ей?
2020 © Tekstovoi.Ru Тексты песен