Бэдынокъуэ и пшыналъэ (исполнитель: Кардангушев Зарамук)

Бэдынокъуэ нарт хасэм къокlуэ 
1.
Уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи,
 Нартхэ ди Бэдынокъуэ...
  Ежьу: Уэрирэ, уэрирэ, уарира!
 
2. Нартхэ ди лIы икъугъэ...
  Ежьу: Уэрирэ, уэрирэ, уарира!
3. Чынтыр зи ныкъуэкъуэгъуи...
4. Хьэрхуэрэгъу и бащэ...
 5. И зы пкъыгъуэри пкъыгъуищэ!
6. Уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, 
 И зекIуэнри къыщохьэ.
7. Ишми уанэ трелъхьэ...
8. Шы ныбэпхри щIекъузэ...
9. ЗэщIекъузэри ношэскъэ.
10. Уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, 
 Нартхэ ди Бэдынокъуэ...
11. Нартхэ ди лIы икъугъэ...
12. ЛIыхъур ныдошэсыкIри.
13. Шы пэбзийм кърихумэ...
14. Гъуэгу напщIэр елыгъуэ.
15. Хьэ самыр кIагуитIри...
16. И бгъуитIым щоджэгумэ.
17. И бгъэ гъэсагъитIри...
18. И щхьэм щофэразэмэ.
19. Уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, 
 Нартхэ ди Бэдынокъуэ!
20. И дамэ лъэныкъуэми...
21. Дыгъэшхуэр къыщопсымэ.
22. И дамэ лъэныкъуэми...
23. Уэсышхуэр къыщосмэ.
24. Уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, 
 Нартхэ ди Бэдынокъуэ...
25. ПсыжькIэ кърогъуазэри...
26. ГъуазэкIэ кърыдокIри.
27. Псыжьуэ икIыгъуэншэри...
28. Шы джабэпс хуэмыхъуурэ.
29. ЛIыхъур зэпрокIмэ.
30. Уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, 
 Нартхэ ди Бэдынокъуэ...
31. Нарт IэхъупIэми нытохьэ.
32. Нартхэ Iэхъуэми ныIуощIэ.
33. - Бэхъу апщий! - жреIэ.-
34. Нарт хъыбари сыгъащIэ.
 
Нартхэ я  Iэхъуэр Бэдынокъуэм зэрыIуплъэу къецIыху. Iэхъуэр Бэдынокъуэ къыщогуфIыкI, къыщотхъу, абы щыгъуэми къыжреIэ, нартыжьхэр Сэтэней деж ефэ-ешхэу зэрыщIэсхэр, Нэсрэн ЖьакIэ тхьэмадэу, Сосрыкъуи яхэсу, нартыжьхэм джатэ кIэщIхэр я бгырыдзэну зэрыщызауэр. «Абыхэм пщащэ дахэ я къэфакIуэщ, уэ джэгуэгъу пхуащIынщи лей къуахынщ, си щIалэ, умыкIуэ!» - къыжреIэ.
 
35. - Уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, 
 Нартхэ ди Бэдынокъуэ...
36. Нартхэ ди лIы икъугъэ...
37. Зи щхьэр дымылъагъуурэ...
38. Зи гугъум дигъалIэ...
39. Бэлэрыгъ зекIуэкIэ!
40. Уи шыфэлIыфэри сфIэдахэщ...
41. Уи къэкIухьыкIэри си жагъуэщ!
42. Уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, 
Нартхэ ди Бэдынокъуэ!
43. «Фыз хъыбарщ» жумыIэмэ...
44. Зы хъыбари бжесIэнкъэ.
45. Алыджхэ я лъагъуэри...
46. Ар гъуэгу нэшэкъашэщ.
47. Алыджхэ я унэжьри...
48. Унэ хужь лъэбышэщи,
49. Абы зы гуащэ исщи,
50. Ар бажэ зекIуэкIэщи,
51. Унэ жыхафэгури...
52. Ар и тхьэмахуэкIуэщи!
53. Уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, 
 Нартхэ ди Бэдынокъуэ...
54. Нартхэ ди лIы икъугъэ!
55. Сэтэнейми и ефэщ.
56. Санэхубжьэри я кIадэщ.
57. Вы ехъуари я нышкъэ.
58. Гъэлъэхъу пшэрри я шыпскъэ...
59. Нартыжьхэри зэхэскъэ.
60. Нэсрэн ЖьакIэри къыщыскъэ.
61. Сосрыкъуэри щIэсыххэщ.
62. Уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, 
 Нартхэ ди Бэдынокъуэ...
63. Пщащэ дахи я къэфакIуэщ.
64. Абы ущеблагъэмэ...
65. Уэ джэгуэгъуи пхуащIынкъэ.
66. Нартыжьхэри щызоуэр.
67. Джатэ кIэщIхэри я бгырыдзэнкъэ.
68. Лей къуахынщ, си щIалэ! -
69. Iэхъуэ ц1ыкIумэ щыжиIэм...
70. Бэдынокъуэри мэгубжькъэ...
71. Дакъэжь мафIэу зэщIонэр.
 
Бэдынокъуэ абы  къегъэгубжь, дакъэжь мафIэу зэщIонэри Iэхъуэжьым тохъущIэ. И хуарэ псыгъуэм йолъэдэкъауэри зэ пкIэм, зэ лъэуэ, зэ лъэм, умылъагъужу нарт къуажэмкIэ еунэтI.
 
72. - Уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, 
 Нартхэ ди Iэхъуэ жьэхъу...
73. Нартхэ ди жэмыхъуэжь!
74. Зы псыпцIэ сыIущIэмэ...
75. Си хуарэр хэнэныуэ.
76. Зы щауэ сыIущIэмэ...
77. СыкъыхигъэщIэнуэ
78. Щхьэ уэ къызжепIэххэ!?
79. Сы ефакIуэ-ешхакIуэкъым...
80. СылэгъунакIуэ щауэкъым.
81. Нарт щауэгъу солъыхъуэри.
82. Ем срилъыхъуакIуэщи...
83. ФIым сриIэщакIуэщ!
84. Уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, 
  Нартхэ ди Бэдынокъуэ...
85. Нартхэ ди лIы икъугьэ...
86. Нартхэ жылэмкIэ егъазэ.
87. Ар и хуарэ псыгъуэри...
88. Зэ пкIэмэ, зэ малъэ.
89. Зэ лъамэ, плъагъужкъым.
90. Сэтэней и къуажэмкIэ...
91. ЛIыхъум еунэтIымэ...
 
Сэтэней и унэIутыр псыхьэ кIуэну ежьауэ шу къакIуэр елъагъу. Ар хэтми унэIутым къыхуэмыцIыхуу, щIолъэдэжри Сэтэней жреIэ.
Послушать/Cкачать эту песню
Mp3 320kbps на стороннем сайте

Открытка с текстом :
Удобно отправить или распечатать
Создать открытку
У нас недавно искали песни:
Survior eye of the tiger  SK-Style  Justin biber lolly  Sarang Ee Da Shin Seung Hoon  Сережа местный гамора-  NX Zero Bem Ou Mal  Biffguyz - Бум-бум-бум  Минус сагыныш сазы 
О чем песня
Кардангушев Зарамук - Бэдынокъуэ и пшыналъэ?
2020 © Tekstovoi.Ru Тексты песен