Отсутствует (исполнитель: Неизвестен)
Ядэр Зэхьэджокъуэт, И къуэри Чэрэчанэ гущэти, уэ, щэджащэт! Ар езыр щэджащэт, Ареда, нартхэ я лъагъуэ гущэми, уэ, урокlуэ! Ядэмэ и унэмэ, А дуней, хъанышхуэ шу гущэхэри, уэ, щепсыхырт. Истамбыл къраххэр, А дуней, щlэмылъэlуххэ гущэуи, уэ, зрат. Дзэшхуэм уащыхэткlэ, А дуней, упщlэж и бащэ гущэри, уэ, къыуахьэлlэрт. Ар бгъэ мэжэщlалlэт, А дуней, бийхэм я lуащхьэ гущэми, уэ, ноущэ. Хуарэжьмэ, уэ, уэ, тести, А дуней, къутас пщlэхэлъ гущэти, уэ, мэдалъэ. Къуажэм щамылъагъу, А дуней, мы щlыпlэ жыжьэ гущэми, уэ, щlоупщlэ. Жанхэр ираупщlэри Жырмэ къыхапсыхьыкl гущэри, уэ, зи шащхьэ. Лlыхъумэ я щхьэнэпкъхэр, А дуней, тхутезыкъутэ гущэри, уэ, зи джатэ. Зауэшхуэм хокlуатэри, А дуней, я нэпкъпэпкъ гущэри, уэ, дегъакlуэ. Хъанмэ деж догъакlуэри И жьэмэ къыжьэдэкl псо гущэри, уэ, къыхуещlэ. Зекlуэшхуэри къащl, А дуней, Лъэпщыр зи къан гущэми, уэ, къеухуэ. Ар нэбэжэ кlэхухэри, А дуней, сэгъындакъышэ гущэми, уэ, здешэ.