Отсутствует (исполнитель: Неизвестен)

Тенджызым адэкIэ пшынэр къыщоIурэ
Пшыналъэ дахэри си деж къоIус,
Къысхуобзэрабзэри си гум зэдещI,
Лъэпкъым и тхыдэри, хабзэри къафэм къыхощ.
Толъкъун хъыринэурэ макъамэр йощIэрэ
Си щIылъэ-анэми сыногупсыс,
СынодэхащIэури сыпхуогумащI,
ФIылъагъуныгъэми уэрэдыр сэ сегъэус.

Ежьу:
Си псэм щызгъафIэурэ мы си гум хэлъ,
Дыгъэ набзийуэрэ мы щIыгум щепс,
Уэ си лъэпкъ щыпкъэр узигухэлъщ,
Уэ дыгъэпс гуакIуэурэ си деж къыщепс.
Си псэм щызгъафIэурэ мы си гум хэлъ,
Дыгъэ набзийуэрэ мы щIыгум щепс,
Уэ си лъэпкъ щыпкъэр си псэм ухэлъщ,
Уэ дыгъэпс гуакIуэурэ си гум и къуэпс.

Уэсыр къытелъыми бгым пшэ Iэрамэурэ
Сэ Iуащхьэмахуэ къызохуэбэкI,
Щыгур мылылъэми лъэр нызохус,
АдрыщI сэламри лъапIэурэ лъэпкъым изох.
Псэр щыпхуэзэшкIэрэ уэ узиплъапIэурэ
Пшагъуэр токIуэтри дыгъэр къыкъокI,
ЖэщкIэрэ мазэри вагъуэм хуосыхь,
Си лъагъуныгъэри гущIэм хамэщI къыщызощI.

Ежьу:
Си псэм щызгъафIэурэ мы си гум хэлъ,
Дыгъэ набзийуэрэ мы щIыгум щепс,
Уэ си лъэпкъ щыпкъэр узигухэлъщ,
Уэ дыгъэпс гуакIуэурэ си деж къыщепс.
Си псэм щызгъафIэурэ мы си гум хэлъ,
Дыгъэ набзийуэрэ мы щIыгум щепс,
Уэ си лъэпкъ щыпкъэр си псэм ухэлъщ,
Уэ дыгъэпс гуакIуэурэ си гум и къуэпс.

ФIыуэ слъагъу лъахэурэ Адэжь щIыналъэмэ
Си гур ныпхуеIэурэ си гъащIэр сохь,
Адыгэ Хасэу лъэпкъым и ЛIыкIуэм
Псэхэр зэпищIэурэ си гугъэр къысхуегъэнэху.
Жэнэт къысщыхъуурэ дуней дахащэмэ
Дыгъэри мазэри къысхуещIыр тыхь,
Зы насып вагъуи сэ къысхудокIуэ,
ГурыщIэ къабзэми и фIыгъуэ сэ согъэнэху.

Ежьу:
Си псэм щызгъафIэурэ мы си гум хэлъ,
Дыгъэ набзийуэрэ мы щIыгум щепс,
Уэ си лъэпкъ щыпкъэр узигухэлъщ,
Уэ дыгъэпс гуакIуэурэ си деж къыщепс.
Послушать/Cкачать эту песню
Mp3 320kbps на стороннем сайте

Открытка с текстом :
Удобно отправить или распечатать
Создать открытку
У нас недавно искали песни:
Clones  Моя народ  KT Tunstall Feel It All  Пригласи отца на белый танец Игорь Демарин  Контра сити  Taboo 
О чем песня
Неизвестен - Отсутствует?
2020 © Tekstovoi.Ru Тексты песен