Гъатхэ пшыхь дахэ (исполнитель: Азамат Беков)
Гъатхэ пшыхь дахэм уэгум ис вагъуэр Уи нит1ым ещхьу сф1ощ1... Гъащ1эр согъак1уэр, си гум к1уэ лъагъуэр Уэ нэрылъагъу пхузощ1, Бзум я уэрэдыр жыжьэу зэхэсхым, Уи псалъэмакъыу сф1ощ1... Дунейм сытетым, узигъусэну Тхьэлъанэ уэ пхузощ1. Пщэдджыжь дыгъэпсыр пэшым къыщ1идзэм укъысхуэгуф1эу сф1ощ1... Псынэпсу къабзэу гухэлъ пхузи1эм, уэ уи сурэтыр къощ. Сыщызэхэпхым къыщ1эдэ1ук1и, пщымыгъупщэныр зыщ- Нап1эр зэтесхрэ, узи1эпэгъумэ, Уэр щхьэк1э си псэр стынщ!