Уэ сыножьэ'2008 (исполнитель: Черим Нахушев)
Псалъэ: Мамий А. Макъамэ: А. Дыгъэр пшэхэм къызэпхедз Гугъапlэ бзийхэр зэбгыредз Уэзыращ си псэм хэпщlар Къэзгъуэту зэ сфlэкlуэдыжар Уэ си гъащlэри пхьэхуат Уэрэду сэ усхуаусат Ауэ сфlощl пщlыхьым сыхэт Си лъагъуныгъэр сlэщlэзыхыр хэт? Уэ сыноджэ, къызэплъыжыт зэ си дахэ Уэ сыножьэ, си нэгу къыщlыхьэж Уэ сыноджэ, сызыдэхъум сэ гу махэ Уэ сыножьэ, си деж къэгъэзэж. Лъагъуныгъи зыхуэтщlат Гу хэлъхэр дэ здэдгъэпэжат Ауэ сэ къысхуэмыщlэж Зи лъагъуныгъэр зыхэзыкъутэж Си гум lэфlу укъинащ Уи нитlыр пщlыхьу къысхуэнащ Сыноджэж умыпlащlэж Уи lэплlэр си пкъым зэ къегъэщlэж.