Анэ (исполнитель: ♛ Vanilla♛)
Пщ1ыхьыр си щхьэм къыще1усэм Нэпсым хыхьэж псэр, Зимыщ1эжу зэм мэусэ Хъуапсэу маплъэ зэ Зэми нэпсыр еслъэщ1эк1уу Унэм сыныщ1ок1, Гукъэк1ыжыр зэтеспщ1ык1уу Зэми нэху сыкъок1 Ежьу: Уи псэм и сурэт Нуру си пкъым итщ Мамэ жыс1эу Уафэм сыдоплъей Хьэршыр уэ уи пэшщ Щ1ылъэр сэрк1э зэшщ Зеиншафэщ уэрыншэ дунейр. Псалъэ дахэ Удз 1эрамэу пхуэзмышиифам Зэпешхык1ыр си псэр мамэ Сыт насып сефат, А насыпыр узи1эхути Мазэу е1эжащ Утетыжкъым дуней нэхум Жэщым жэщ тешащ Уи псэм и сурэт Си уэрэдым хэтщ Мамэ жыс1эу Уафэм сыдоплъей Хьэршыр уэ уи пэшщ Щ1ылъэр сэрк1э зэшщ Зеиншафэщ уэрыншэ дунейр Мамэ, мамэ жыг къудамэу Гуэщ1ык1ащ пщэдейр Си уэрэдым щ1элъ мэкъамэрщ Къысхуэна къудейр Ди уэрамым сыдихьэжым Хэт сэ къыспежьэн Псэм и жьауэр к1уэжащ хьэршым Гуауэр си хьэщ1эщщ Ежьу