Отсутствует (исполнитель: Неизвестен)
1. Уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, Нартхэ ди Бэдынокъуэ... Ежьу: Уэрирэ, уэрирэ, уарира! 2. Нартхэ ди лIы икъугъэ... Ежьу: Уэрирэ, уэрирэ, уарира! 3. Чынтыр зи ныкъуэкъуэгъуи... 4. Хьэрхуэрэгъу и бащэ... 5. И зы пкъыгъуэри пкъыгъуищэ! 6. Уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, И зекIуэнри къыщохьэ. 7. Ишми уанэ трелъхьэ... 8. Шы ныбэпхри щIекъузэ... 9. ЗэщIекъузэри ношэскъэ. 10. Уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, Нартхэ ди Бэдынокъуэ... 11. Нартхэ ди лIы икъугъэ... 12. ЛIыхъур ныдошэсыкIри. 13. Шы пэбзийм кърихумэ... 14. Гъуэгу напщIэр елыгъуэ. 15. Хьэ самыр кIагуитIри... 16. И бгъуитIым щоджэгумэ. 17. И бгъэ гъэсагъитIри... 18. И щхьэм щофэразэмэ. 19. Уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, Нартхэ ди Бэдынокъуэ! 20. И дамэ лъэныкъуэми... 21. Дыгъэшхуэр къыщопсымэ. 22. И дамэ лъэныкъуэми... 23. Уэсышхуэр къыщосмэ. 24. Уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, Нартхэ ди Бэдынокъуэ... 25. ПсыжькIэ кърогъуазэри... 26. ГъуазэкIэ кърыдокIри. 27. Псыжьуэ икIыгъуэншэри... 28. Шы джабэпс хуэмыхъуурэ. 29. ЛIыхъур зэпрокIмэ. 30. Уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, уэ-уи, Нартхэ ди Бэдынокъуэ... 31. Нарт IэхъупIэми нытохьэ. 32. Нартхэ Iэхъуэми ныIуощIэ. 33. - Бэхъу апщий! - жреIэ.- 34. Нарт хъыбари сыгъащIэ.