Отсутствует (исполнитель: Неизвестен)
Жан къыдэнэжа и уэрэд Автор песни Доган Кушха 1. Молэхэ я щlалэм нащхьэ къысхуещlыри, Молэхэ я щlалэм нащхьэ къысхуещlыри, Нащхьэкlэ мы сигур димыхьэхыфын, Нащхьэкlэ мы сигур дихьэхауэ щытми, уэрэйдэ, сэрмахуэ, Молэхэ сокlуэри, Шыкуэхэ къонэри, уей. 2. Шыкуэхэ я щlалэр щlалэ къамылыфэщи, Шыкуэхэ я щlалэр щlалэ къамылыфэщи, И фэм къеlуатэри щlалэ щэныфlэщи, Шыкуэхэ я щlалэр щlалэфlыу щытми, уэрэйдэ, сэрмахуэ, Шыкуэхэ сокlуэри, Мэрзейхэ къонэри, уей. 3. Мэрзейхэ я щlалэр щlалэ зэкlужтэкъэ, Мэрзейхэ я щlалэр щlалэ зэкlужтэкъэ, Къафэжьым дыздекlуу дыкъызэдофэкl. Сыдэкlуэм зэкlужу дыздэпсэуфынут, уэрэйдэ, сэрмахуэ, Мэрзейхэ сокlуэри, Куэшийхэ къонэри, уей. 4. Куэшийхэ я щlалэм хабзэр зэрехьэри, Куэшийхэ я щlалэм хабзэр зэрехьэри, lэзагъэ хэлъурэ дахэу мэуэршэр, Уэршэрым мы сипсэр сlэпихауэ щытми, уэрэйдэ, сэрмахуэ, Куэшийхэ сокlуэри, lэгуейхэ къонэри, уей. 5. lэгуейхэ я щlалэр псынщlэрыкъафэщи, lэгуейхэ я щlалэр псынщlэрыкъафэщи, Къэфэну къытехьэм щlыгур егъэсыс. Сыдэкlуэм сытхъэжу сигъэпсэуфынут, уэрэйдэ, сэрмахуэ, lэгуейхэ сокlуэри, Шыпшхэ къысфlонэри, уей. 6. Шыпшхэ я щlалэри щlалэ щlэращlэти Шыпшхэ я щlалэри щlалэ щlэращlэти Щlагъыбзэ хэлъурэ хъыбар къысхуеlуэху. Хъуэрыбзэ дахэкlэ сэ сыдихьэхами, уэрэйдэ, сэрмахуэ, Шыпшхэ деж сокlуэри, Къущхьэхэ къонэри, уей. 7. Къущхьэхэ я щlалэм уэрэд зэхелъхьэри, Къущхьэхэ я щlалэм уэрэд зэхелъхьэри, Сызыхилъхьэ щымыlэу фlыщэу сыкъелъагъу, Къущхьэхэ я щlалэм фlыщэу сыкъилъагъуми, уэрэйдэ, сэрмахуэ, Къущхьэхэ сокlуэри, адрейхэр къонэри, уей.