Сыхуэмей (исполнитель: Къущхьэ Тыгъуэн)

Сыхуэмей

1.
Фадэр быдэу щlыдошыри
Чэф дыхъуауэ докlуэ джэгу.
Хъыджэбз хужьыр къыхызош,
Зызгъэщlагъуэу соуджэкl,
Сыпылъыну къыщезгъажьэм
Кlэщlу жэуап къызетыж:

Припев:
Сыхуэмей, сыхуэмей,
Сэ уэр хуэдэ сыхуэмей,
Аркъэ ефэ сыхуэмей,
Шагъыр ефэ сыхуэмей.

2.
Хъыджэбз хужьыр соутlыпщыри,
Къамылыфэм зызопщыт.
Си пащlэкlэр хущlэсlуантlэу,
Зызгъэщlагъуэу сыбгъэдопщхьэ,
Хъуэрыбзэхэр щезутlыпщым,
Ижьэр бзаджэу зэщlехыр:

Припев:
Сыхуэмей, сыхуэмей,
Сэ уэр хуэдэ сыхуэмей,
Пащlэ тету сыхуэмей,
Жьакlэ тету сыхуэмей.

3.
Къамылыфэм щымыхъум,
Сырыху цlыкlум сокlуалlэ.
Нэбгъузкlэрэ къысхуоплъэкl,
И къэплъэкlэр гурымыхьщ,
Сеубзэну къыщезгъажьэм
Къыстрибжу къиублащ:

Припев:
Сыхуэмей, сыхуэмей,
Ефакlуэжьым сыхуэмей,
Тутынафэм сыхуэмей,
Жьакlэцэжьым сыхуэмей.

4.
Пщащэ цlыкlухэр яlэпэгъуу,
Щlалэ жанхэр йоуджэкl.
Ефакlуэжьхэр дызэплъыжу
Дищхьэр фlэхуау дыкъэнащ,
Мис абдежым дыгубжьыри,
Дэр-дэру псалъэ зэттыжащ:

Припев:
Дыхуэмей, дыхуэмей,
Дэри аркъэ дыхуэмей,
Дэри шагъыр дыхуэмей,
Дэри тутын дыхуэмей.
Дыхуэмей, дыхуэмей,
Дэри пащlэ дыхуэмей,
Дэри жьакlэ дыхуэмей,
Дэри фадэ дыхуэмей.
Послушать/Cкачать эту песню
Mp3 320kbps на стороннем сайте

Открытка с текстом :
Удобно отправить или распечатать
Создать открытку
У нас недавно искали песни:
Sleeping at Last Dreamlife  Sleeping at Last Keep No Score  Sleeping at Last Emphasis  Sleeping at Last From the Ground Up  Sleeping at Last Snow  Ани лорак кто заводит эти часы  Sleeping at Last Dear True Love 
О чем песня
Къущхьэ Тыгъуэн - Сыхуэмей?
2020 © Tekstovoi.Ru Тексты песен