Отсутствует (исполнитель: Неизвестен)
Нэкъуэлэн 1. Дэ хьэгъуэлlыгъуэм дыщзэхуэзащ, Уи псалъэ lэфlхэр сигум къинащ, Мы сигу делэжьыр сфlыдэпхьэхащ, Нэкъуэлэн зэ слъагъужыну пlэрэ, уей? Сыдэпхьэхащи, уей, Нэкъуэлэн зэ слъагъужыну пlэрэ, уей? 2. Фи уэрамышхуэр кlуапlэ схуэхъуащ, Узмылъагъуфурэ нэху къыстещхьащ, Мо нэхущ вагъуэм уи фэ есплъащ, Нэкъуэлэн зэ слъагъужыну пlэрэ, уей? Си нэхущ вагъуэ, уей, Нэкъуэлэн зэ слъагъужыну пlэрэ, уей? 3. Усlэщlахынкlэ сэ сагъэшынэ, Уи пшынэ макъыми сэ сыщlодэlу, Седаlуэ пэтми зыщызмыгъэнщl, Нэкъуэлэн зэ слъагъужыну пlэрэ, уей? Зыщызгъэнщlакъым, уей, Нэкъуэлэн зэ слъагъужыну пlэрэ, уей? 4. Мо къуалэбзухэм уэрэд къыраш, «Къашэ» къызжаlуурэ сэ къызаlуэкl, Гухэлъ пхэзыщlым уемыпэгэкl, Нэкъуэлэн зэ слъагъужыну пlэрэ, уей? Къызэпэгэкlми содэ, Нэкъуэлэн зэ слъагъужыну пlэрэ, уей? 5. Мы си ныбжьэгъухэм ауан сыкъащl, Сщlэнур сымыщlэу сыкъэбгъэнащ, Уи нэкъуэлэнхэм сигум къэкlащ, Нэкъуэлэн зэ слъагъужыну пlэрэ, уей? Сигу укъэкlащи, уей, Нэкъуэлэн зэ слъагъужыну пlэрэ, уей? 6. Цlыхур ерыщмэ, сыт lэщlэкlын? Лъагъуныгъэр пэжмэ, хэт пэлъэщын? Мурад пхуэсщlащи, си дахэкlей, Нэкъуэлэн зэ слъагъужыну пlэрэ, уей? Мурад пхуэсщlащи, уей, Нэкъуэлэн зэ слъагъужыну пlэрэ, уей?