Уэ сыножьэ (исполнитель: Нэхущ Чэрим)
Нэхущ Чарим "Уэ сыножьэ" Дыгъэр пшэхэм къызэпхедз Гугъап1э бзийхэр зэ бгыредз Уэ зыращ си псэм хэпщ1ар Къэзгъуэту зэ зф1эк1уэдыжар Уэ си гъэщ1э ипхъэхуат Уэрэду сэ усхуэусат Ауэ сф1ощ1 пщ1ыхьэм сыхэт Си лъагъуныгъэр с1эзэщ1ыха хэт Уэ сыноджэ къызэплъыжыт зэ си дахэ Уэ сыножьэ си нэм къыщ1ыхьэж Уэ сыноджэ сызэлъэхъум согумахэ Уэ сыножьэ си деж къэгъэзэж Лъагъуныгъи зыхуэт1щ1ат Гухэлъхэр дэ здэдгъэпэжат Ауэ сэ къысхуэмыщ1эж Зи лъагъуныгъэр зыхэзыкъутэж Си гум 1эфу укъинащ Уи нит1ыр пщ1ыхьу къысхуэнащ Сыноджэж умып1эщ1эж Уи 1эпл1эр си пкъым зэкъегъэщ1эж Уэ сыноджэ къызэплъыжыт сэ си дахэ Уэ сыножьэ си нэм къыщ1ыхьэж Уэ сыноджэ сызэлъэхъум согумахэ Уэ сыножьэ си деж къэгъэзэж Уэ сыноджэ къызэплъыжыт сэ си дахэ Уэ сыножьэ си нэм къыщ1ыхьэж Уэ сыноджэ сызэлъэхъум согумахэ Уэ сыножьэ - си деж къэгъэзэж!