Алий и гъыбзэ (исполнитель: Нэхущ Чэрим)

Алийм и анэр, Алийм и анэр
уей, дуней, хуабжьурэ магъыр.
СыткIэрэ мыгъынырэ, Алийм и кIуэцIым
къамэ фIыцIэр щагъэджэгуащ.

Ныжэбэ жэщым, Алий, ныжэбэ жэщым
уой, Алий, хьэхэр мэбанэри.
Уэр къэдзыгъуэ банэр сигум ар къыхоуэр,
Алий, уызимыIэжыр уэ.

Пшэгум ар итыурэ дамэр зытетым
И дамэм а дэнлъэч хузощIэри
ЩымыIэр къигъэсыурэ,
щыIэр зыгъафIэм,
Алий, усфигъэкъай уэ.

Уи пыIэ гъуабжэр, Алий, уи пыIэ гъуабжэр
уой, Алий, сом щищ иуасэти.
Жэщ мазэгъуэ дахэм
Iэщым ар сыщыкIуэжым
Хьэбаныжьым зебгъэукIай уэ.

Уи къамэ цIыкIур, Алий, уи къамэ цIыкIур
уой, Алий, дыгъэм полыдри.
Къущхьэхъу удзыпцIэмэ
Алиймэ и хьэдэр
уей, дахащIыурэ къыполыдыкIыр.

Мо джэрпэджэжым, Алий, мо джэрпэджэжым
уой, Алий, уеджэмэ къоджэжри.
Алий жаIэу къаджэмэ си Алий цIыкIури
дэнэ мыгъуэмэ уэ къисхьыжыну?

Уи батырбакъым, Алий, уи батырбакъым
уой, Алий, дыжьын схуэжати.
Зи цIэр жэрейурэ
уи шы гъуабжэ джэгур
Нарцанэ бэзэрым щащэ.
Послушать/Cкачать эту песню
Mp3 320kbps на стороннем сайте

Видео к песне:
Открытка с текстом :
Удобно отправить или распечатать
Создать открытку
У нас недавно искали песни:
Cruda  Shentvis  Vikk-для тебя  Мир на двоих danky  Feat Archi  Gelinim 
О чем песня
Нэхущ Чэрим - Алий и гъыбзэ?
2020 © Tekstovoi.Ru Тексты песен