Гум и лъэхъу (исполнитель: Нэхущ Чэрим)
Мы пщэдджыжь пшэплъым, Лъагъуныгъэ дыгъэр къыщыкъуэпсым, Нысф1ожажьэ уи лъыхъуак1уэ псэр Жэщ мэзэгъуэ къабзэм Къегъэнэхур, гущэ, си пэш к1уэц1ыр, Нэр зэтесп1эм псэм зимыгъэпсэху Сыдэплъейрэ мазэм сеплъмэ, Къеплъыхыж, гущэрэ, къызэплъ къысф1эщ1ыурэ, Плъыру жэщхэр пхузохьэк1ыр уэ, Плъыру жэщхэр пхузохьэк1ыр уэ Сыхуэмейурэ жэщ мэзэгъуэм, Сыхуэмыгъэжейурэ, къысхуэмыщ1эурэ, Зыхомыщ1э жэщхэр блызогъэк1, Зыхомыщ1э жэщхэр блызогъэк1 Схуемытыжу и жэуапыр, Зысхуэхъумэжыну иджы уэрыншэу, Си бгъэм си гур схуимыгъэзэгъэж, Си бгъэм си гур схуимыгъэзэгъэж Жэщ мэзэгъуэ къабзэм...