Отсутствует (исполнитель: Неизвестен)
Си шы къарапц1эу Пц1ащхъуэу щ1элъэтым Ди губгъуэ куэц1ыр Уи зэ ичыгъуэщ. Уэ уи лъэ макъыу Тхыдэм къыщыджэр Уо ри ра Л1ыгъэ макъамэр и джэрпэджэжкъэ Ей Адыгэш къабзэу Сэ, си шагъдий, Шыщхьэмыгъазэу Зынэукъуэдий! Л1ыхъур уэрыншэм 1эщэншэ къабзэт, Уи бзэм щыгъуазэм Урибгъэ дамэт. Лъэпкъым и гуауэр Уэ дэпыгъакъэ, Уо ри ра Лъэпкъым и гуапэм Уэ ухэтакъэ. Ей Адыгэш къабзэу Сэ, си шагъдий, Шыщхьэмыгъазэу Зынэукъуэдий! (3 раза) Си шы къарапц1эу Пц1ащхъуэу щ1элъэтым Ди губгъуэ куэц1ыр Уи зэ ичыгъуэщ. Шыгъажэ хъуамэ, Зы къыщ1эмыхьэ Уо ри р-а Шагъдий лъэрыхьым. Щ1ыхьыр уохъумэ Ей адыгэш къабзэу Ей, си шагъдий, Шыщхьэмыгъазэу Зынэукъуэдий!