Жу Жансурэт и гъыбзэ (исполнитель: Къущхьэ Тыгъуэн)

Дыщэплъыр данлъэк1 къыщысщ1к1эрэ сэрмыгъуэ, бзыущхьэу хызогъэзагъэр.
П1эщхьагък1э зи гу мызэгъахэри, сэрмыгъуэ, дунейк1э жыхьэнэмыгъэ.

Къайсэржьым Финистрэ Стемыми, сэрмыгъуэ, маф1эгур щызэрызошэр,
Зэпылъу зэрымышахэри, сэрмыгъуэ, дунейк1э жыхьэнэмыгъэ.

Жыжьэурэ, укъысхуэувыурэ, сэрмыгъуэ, тэрмэшк1э укъызопсалъэ,
Гъунэгъу дызэпсалъатэмэ, сэрмыгъуэ, ди 1охухэр тхузэф1эк1ынут.

Къайсэржьым, фи фабрикэжьхэми, сэрмыгъуэ, Щ1эк1ышхуэ, къыщыщ1агъэк1ыр,
Ди 1эхур, тхузэф1эзгъэк1ыми, сэрмыгъуэ, ахърэтым жэнэтыр етий.

Данурэ, си щхьэцыгъуэшхуэри, сэрмыгъуэ, п1э лъап1эм щызогъэлъалъэ,
Нэпсурэ къезгъэлъэлъэхурэ, сэрмыгъуэ, си благъэм фи гуэныхь щ1ап1э.

Данурэ, си щхьэцыгъуэшхуэри, сэрмыгъуэ, мажэдьэм схуизэгуимыхт жи,
Пхъэхк1эрэ сызэгуэпхынуми, сэрмэгъуэ, а щ1алэр си гу имык1ыну.

Къайсэржьым, фи уэздыгъэшхуэхэр, сэрмахуэ, нэху дахэу къызэк1эщ1ылъонэр,
А щ1алэр, си гу къыщыридзэк1э, сэрмахуэ, алф1ыц1эу, сыкъызэк1эщ1онэр

Бзэпсэурэ, си пшынэ ф1ыц1эри, сэрмахуэ, дыгъэпсым изогъэпсалъэ.
А щ1алэм зэ севгъэпсалъэтэмэ, сэрмахуэ, ахърэтым жэнэтыр етий.

Марэшым и данэ 1увыри, сэрмахуэ, ей ей, сэ къызолэжьыр.
Си ныьжьым къэслъагъуа лажьэри, сэрмахуэ, а щ1алэм сщигъэгъупщагъэ.

1эпэщ1ащ1эу, си пшынэ ф1ыц1эри, сэрмахуэ, еаралыхь, пхъуантэм щощыгъуэр,
Мыдэк1э, жэщищ, махуищк1эрэ, си лэгъуынэм сыщыщыгъуакъэ.

Ипщэк1э, Къунашей гъуэгури, сэрмахуэ, пц1агъуэплъым, къызэхеутэр,
Еу мыгъуэ, сызэгуэмудурэ, сэрмахуэ,а щ1алэм сы1увгъаплъэжит
Еу мыгъуэ, сызэгуэмудурэ, сэрмахуэ,а щ1алэм сы1увгъаплъэжит
Послушать/Cкачать эту песню
Mp3 320kbps на стороннем сайте

Видео к песне:
Открытка с текстом :
Удобно отправить или распечатать
Создать открытку
У нас недавно искали песни:
Мельни  Jah khalib sjigaya do tla  Momori - Togameru Kage  Ультиматум Соль Земли  D-man55 - Соседи  DoBRO -слушай сердце  Animeme  Реп ворон 
О чем песня
Къущхьэ Тыгъуэн - Жу Жансурэт и гъыбзэ?
2020 © Tekstovoi.Ru Тексты песен