Хамэ Хэку (исполнитель: Хэхэс)
Гъуэгу жыжьэ сыкъикlри нобэ Сэ хьэщlэу сыкъыпхуэкlуащ, Гъуэгу жыжьэ сыкъикlри нобэ Сэ хьэщlэу сыкъыпхуэкlуащ. Зы lэплlэ къызэшэкl закъуи Зы упщlи укъызэмыупщl, Зы lэплlэ къызэшэкl закъуи Зы упщlи укъызэмыупщl. Ежьу: Адэ хэкужьу Кавказу, Уэ, си псэ, уэ, сэ си дуней, Хамэ хэку сыщезэшащи Уи куэщlым сыщыгъэжей. Къысхуэфхьи зы щlакlуэ фlыцlэ Сешащи тепlэн къысхуэфщl Къысхуэфхьи зы щlакlуэ фlыцlэ Сешащи тепlэн къысхуэфщl Сыдэфшей lуэщхьэмахуэжьми Си щ1ыбыр езывгъэгъэщl Сыдэфшей lуэщхьэмахуэжьми Си щ1ыбыр езывгъэгъэщl Ежьу Сэ си гум хэлъыр иджыпсту Гумахэу къыпхуэсlуэтэнщ, Сэ си гум хэлъыр иджыпсту Гумахэу къыпхуэсlуэтэнщ, Си жьэ к1уэц1 щапха гупсысэхэр Тlэкlу-тlэкlуу къыпхуэстlэтэнщ, Си жьэ к1уэц1 щапха гупсысэхэр Тlэкlу-тlэкlуу къыпхуэстlэтэнщ Ежьу Гъуэгуанэ жыжьэ тетахэм Я уэрэдым къыщlэдэlукl, Гъуэгуанэ жыжьэ тетахэм Я уэрэдым къыщlэдэlукl, Зеиншэу къэна уи бынхэми Уи бгъафэ хузэlухыж, Зеиншэу къэна уи бынхэми Уи бгъафэ хузэlухыж. Ежьу