Zenıbjeguish (Си дахэкӏей) (исполнитель: Gökhan Şen (Хэхэс))
Зэныбжьэгъуищыри джэгум дыздокlуэ, Дэ дыздэкlуа мыгъуэр нафlырэ ойра. Уэхьайрэ-райрэ, уэрайдэ-райрэ, Сызэгуэуд мыгъуэ, си дахэкlей. Ахъшэкlэ уащэмэ укъэсщэхунти, Лlыгъэкlэ уатмэ си псэр хэслъхьэнти. Уэхьайрэ-райрэ, уэрайдэ-райрэ, Сызэгуэуд мыгъуэ, си дахэкlей. Гъатхэпэ бзухэм уицlэр къызжаlэ, Уицlэр къызжаlэмэ си псэр мэлъэтэ. Уэхьайрэ-райрэ, уэрайдэ-райрэ, Сызэгуэуд мыгъуэ, си дахэкlей. Дахэм и набдзэхэм сигур дахьэхыр, Сигур дахьэхри даурэ бжесlэн сэ? Уэхьайрэ-райрэ, уэрайдэ-райрэ, Сызэгуэуд мыгъуэ, си дахэкlей. Дэ дызтес мыгъуэр адыгэ шагъдий, Ди гур дгъэтlылъыри, ди нэр дыгъэплъай. Уэхьайрэ-райрэ, уэрайдэ-райрэ, Сыбгъэунэхъуа мыгъуэй, си дахэкlей. Узэжьэ щlалэм, узыхуер пхуимыщмэ, Мы сигу къабзэри лъэмыж пхуэсщlынт сэ. Уэхьайрэ-райрэ, уэрайдэ-райрэ, Сызэгуэуд мыгъуэ, си дахэкlей. Зэныбжьэгъуищыри джэгум дыздокlуэ, Дыздэкlуа джэгур адыгэ джэгуси. Уэхьайрэ-райрэ, уэрайдэ-райрэ, Къыздэкlуэ къыздэкlуэ си дахэкlей.