Мэздэгу къафэ (исполнитель: Азамат Беков)

пс.,мэкъ.Лосэн Т.
студия звукозаписи Аслана Лиева.

        Мэздэгу къафэ.

1.
Джэгу уахыхьэмэ пф1эдахэу,
Къафэ щ1ык1эхэм уахоплъэ,
Я пшыналъэхэм толъалъэр 1эгу.
Зи къэфэгъуэхэр тырашэ,
Хошэрашэри ходжагуэ,
Зи джэгуэгъуэхэм уащ1оплъ я лъэгу.

Ежьу:

Лъапэрыфэк1э щ1ырадзэ,
Къафэ к1ыхьыри ярешэ.
Лъапэлъэфыри нашэщ1мэ,
Къэмыфэфыми ирещ1э.
Гуащэгъазэк1э тевгъазэ,
Т1урыт1къафэри ирек1уэ,
Закъуэкъафэк1э хэшэжи,
Къафэкъуаншэк1э зывгъазэ.
Зэблэк1ыгъуэхэр ныреси,
Си къэфэгъуэри къызносыр.
Мо уджыжьыри къэ1эгъуэм,
Зэ1эпэгъуурэ теджагуэ.

******************
Сэ къэфэк1эхэм нэхъ сф1эф1у,
Лъапэрисэк1э езгъажьэм.
Си къэшэнри къыдашмэ,
Нэхъыбэ1уэрэ мэздэгу сыкъырефэ.
1эгуауэк1эхэр вгъэбатэ,
Мо утыкуыри симащ1эщ.
Си гухэлъыри мэятэ,
Ди къэфэгъуэхэр зэтохуэ дахэм!
Уарира рирадэ,уарирадэрэ рирадэ,
Уарира рирадэ,
Нэхъыбэ1уэрэ мэздэгу сыкъырефэ.
Уарира рирадэ,уарирадэрэ рирадэ,
Уарира рирадэ,
Ди къэфэгъуэхэр зэтохуэ дахэм!

2.
Ди къэфэк1эхэм я гуащ1эр,
Сэ зы мащ1эрэ схэлъыфтэм,
Си гухэлъыри зэ бжес1эфынт.
Ди зы мащ1эр куэд тщ1ыфрэ,
Зэ зэхуэк1уэрэ ек1уэк1мэ,
Уджэраджэурэ,Джэгужь апщий!

Ежьу:
Послушать/Cкачать эту песню
Mp3 320kbps на стороннем сайте

Видео к песне:
Открытка с текстом :
Удобно отправить или распечатать
Создать открытку
У нас недавно искали песни:
Trapped Under Ice Reality Unfolds  Trapped Under Ice Evelyn  Trapped Under Ice Born To Die  Trapped Under Ice Pleased to Meet You  Trapped Under Ice Outcast  Trapped Under Ice Victimized  Trapped Under Ice Time Waits  Trapped Under Ice True Love 
О чем песня
Азамат Беков - Мэздэгу къафэ?
2020 © Tekstovoi.Ru Тексты песен