Лэшын нартыжьхэм яхоусэ (исполнитель: Жьыу)

Лэшын нартхэм яхоусэ 

Амыщ щхьэк1э 
И бжьамиижьыр жьыуэ къегъаджэ, 
И мэл гуартэшхуэр джабэм к1эрехуэ. 
Нартхэ Амыщыжьри си псэлъыхъукъэ, 
Бэрэ къыслъыхъуами сыхуэмейкъэ! 

Дагъэр и нэк1ум къревык1ри, 
И пщэм мелхьэп1ат1эр к1эрымык1и. 
Нартхэ Амыщыжьри си псэлъыхъукъэ, 
Бэрэ къыслъыхъуами сыхуэмейкъэ! 

Лъэпщ щхьэк1э 
Маф1эр и 1эгум къолыдык1ри, 
Зэпэлыдык1ри и 1эщ1агьэщ! 
Нартхэ я Лъэпщ къаныр си псэлъыхъукъэ, 
Бэрэ къыслъыхъуами сыхуэмейкъэ! 

Пщэдджыжьым си къалэнщи узогьэпск1ри, 
Пщыхьэщхьэ къэск1э хэт усхуигъэпск1ын! 
Нартхэ я Лъэпщ къаныр си псэлъыхъукъэ, 
Бэрэ къыслъыхъуами сыхуэмейкъэ! 

Щэбэтыныкъуэ щхьэк1э 
Курпыщхьэ бжьэпэ укъыщоуэри. 
Джылызэ нэсыжари еблыгъуэхщ (жи)! 
Нарт Щэбэтыныкъуэри си псэлъыхъукъэ, 
Бэрэ укъыслъыхъуми сыпхуэмейкъэ! 

Гъуэгыгъуащэри бадзэуэгъуэ щак1уэри 
зэдохьри. 
Губгъуэм уит зэпытщи сыпхуэмейкъэ! 
Нарт Щэбэтыныкъуэри си псэлъыхъукъэ, 
Бэрэ укъыслъыхъуми сыпхуэмейкъэ! 

Сосрыкъуэ щхьэк1э 
И Тхъуэжьей ц1ык1ур лъэбышэ мащ1эщ, 
Езы ц1ык1ур жырщи 1эщэ хуэф1къэ! 
Нартхэ Сосрыкъуэри си псэлъыхъукъэ, 
Бэрэ къыслъыхъуами сыхуэмейкъэ! 

Лъапэк1эрэхьщ, жэмыхъуэрылъхущ. 
Фыз псэжьым къилъхуащи сыхуемейкъэ! 
Нартхэ Сосырыкъуэ си псэлъыхъукъэ, 
Бэрэ укъыслъыхъуми сыпхуэмейкъэ! 

Арыкъщауэ щхьэк1э 
Цей 1эфрак1э щэщ1ыр лъэпэд пхуримыкъу, 
Уэ цей пхурикъуни сэ хэт езгъэджын? 
Нартхэ Арыкъщауэри си псэлъыхъукъэ, 
Бэрэ укъыслъыхъуми сыпхуэмейкъэ! 

Лъэбыцэжьей щхьэк1э 
Лъэбыцэжьейри си псэлъыхъукъэ, 
Бэрэ укъыслъыхъу щхьэк1э сыпхуэмейкъэ, 
Шыпсыранэ жэпкъым ухэк1уадэм – 
Пхъэ вакъэ шууэ дэнэ укъисхыжын! 

Ехъутэныдж щхьэк1э 
Афэ гъуэншэджиблыр къегъэлажьэ, 
И къаугъэ лажьэми дэ димык1и! 
Нартхэ Ехъутэныджыжьри си псэлъыхъукъэ, 
Бэрэ укъыслъыхъуми сыпхуэмейкъэ! 

Къанж и къуэ Щауей щхьэк1э 
Шы джэмыдэжьыр хым нытрехуэ, 
Гъуэ къуэлэн щийри и зэ къэхугъуэщ! 
Къанж икъуэу Щауей си псэлъыхъукъэ, 
Бэрэ къыслъыхъуами сыхуэмейкъэ! 
И анэ нэрыбгейщи сезэгъынукъым! 

Ашэмэз щхьэк1э 
И шы пэхушхуэр нэсэпасэщ. 
Езы ц1ык1ур есщи 1эщэ хуэф1къэ! 
Ашэм и къуэ Ашэмэзыр си псэлъыхъукъэ, 
Зы шу къыслъигъэхъуми сыдэк1уэнут! 

Ашэмэз и жэуап 
– Емыщ1эхэ гуащэм уэ урипхъу к1асэт, 
Удиблым я кум ущагъэсат. 
Нарт щауэф1у исхэми уахуоусэ, 
Бэрэ укъысхуэусэми сыпхуэмейкъэ! 

Уи 1уданэ-мастэр зэк1элъымык1уэщ. 
Лоум и быдзыжьу ушхуэл к1ыхьк1э, 
Хабзэншэу зек1у (жи) сыпхуэмекъэ! 

Лашын и жэуап 
– Тэджэлей ц1ык1ур дыщэ мэ1уи, 
Л1ыгъэк1э зыбгъэ1у щхьэк1э, ул1ымыхъукъэ! 
Ашэм и къуэу Ашэмэзыр си псэлъыхъукъэ, 
Бэрэ укъыслъыхъуэми сыпхуэмейкъэ!
Послушать/Cкачать эту песню
Mp3 320kbps на стороннем сайте

Открытка с текстом :
Удобно отправить или распечатать
Создать открытку
У нас недавно искали песни:
Перевод james blunt  Да лаурита  Если бы не ты-минус Стас Михайлов  Challe  Вендетта-  Что будет дальше  IAN AN 
О чем песня
Жьыу - Лэшын нартыжьхэм яхоусэ?
2020 © Tekstovoi.Ru Тексты песен