Абрэдж жэщ (2016) (исполнитель: Noba Rey)
АБРЭДЖ ЖЭЩ. Music - Murat Kashirgov Lyrics - Murat Brat Кхъашхьэм бзу тесым Гъыбзэр къыреш/ы/ри, Бэджыхъыр жьыбгъэм К1уэц1ырещ1ык1. Жьыбгъэ щхьэуназэм Мазэр зэрешэри, Абрэджым и псэр Вагъуэм ягъэпск1. Уанэр зи щхьэнтэр Щ1ы ф1ыц1эм йосэри, 1эпкълъпкъыр жылэу Щ1ым мэгъуэлъыж. Абрэдж жэщ къыстоуэ Абрэдж жэщ къысток1уэ Абрэдж жэщ сехьэхури Си закъуэу сыкъегъэнэж Абрэдж жэщ – зы вагуэ Абрэдж жэщ – мазэхэ Абрэдж жэщ – л1ы лагъуэ Абрэдж жэщ - псэ хьэху Бгым дэк1уей лъагъуэр Уэгум хок1уадэри, Гъуэгурык1уэр Тхьэшхуэм Худрешэиж. Шы тхыц1эм вагъуэхэр То1эбэрабэри, Абрэджым и гур Абгъуэ пэлытщ. Пщэджыжьым гъуэгухэр Къызэщ1оушэри, Абрэджым и псэр Ахърэт пэрытщ.