Зэныбжьэгъуищ (исполнитель: Хэхэс)
Зэныбжьэгъуищыри джэгум дыздокlуэ, Дэ дыздэкlуа мыгъуэр нахуэрэ хьойра. Уэхьайрэ-райрэ, уэрайдэ-райрэ, Сызэгуэуд мыгъуэ, си дахэкlей. Ахъшэкlэ уащэмэ укъэсщэхунти, Лlыгъэкlэ уатмэ си псэр хэслъхьэнти. Уэхьайрэ-райрэ, уэрайдэ-райрэ, Сызэгуэуд мыгъуэ, си дахэкlей. Гъатхэпэ бзухэм уицlэр къызжаlэ, Уицlэр къызжаlэмэ Си псэр мэлъатэ. Уэхьайрэ-райрэ, уэрайдэ-райрэ, Сызэгуэуд мыгъуэ, си дахэкlей. Дэ дызтес мыгъуэр адыгэ шагъдий Ди гур дгъэтlылъыри Ди нэр дыгъэплъай Уэхьайрэ-райрэ, уэрайдэ-райрэ, Сыбгъэунэхъуа мыгъуэй, Си дахэкlей. Зэныбжьэгъуищыри джэгум дыздокlуэ, Дыздэкlуэ джэгур адыгэ джэгуси Уэхьайрэ-райрэ, уэрайдэ-райрэ, Къыздэкlуэ къыздэкlуэ, си дахэкlей.