Хабзэ (исполнитель: Султан Хажироков)

Нарт санэ къабзэр дэнкlи щожэх,
Зэхолъэдэжри псышхуэу къожэх.
Дызэхуэвгъэси псори зы жьэгу
Ди бзэ, ди хабзэ хуэдвгъэщlыт джэгу.
Дызэхуэвгъэси псори зы жьэгу
Ди бзэ, ди хабзэ хуэдвгъэщlыт джэгу.

Ежьу:
Хабзэм хуэдвгъэщlи пщlэ…
Пхъэ дакъэжь дэпк1э лы гъур гъэжьа,
Мэрамэжьейуэ махъсымэ фалъэ,
Данагъуэм хуэдэу пlастэ шыуан,
lэнэ лъакъуищым фхутезгъэувэнщ
Хабзэм хуэдвгъэщlи пщlэ,
Хабзэм хуэдвгъэщlи пщlэ…

Къэбэрдейм фыкlуэ хабзэ фыхуейм ―
Зэгуэр щыжаlэу щытащ дунейм.
Къуршыфlхэм хуэдэу си лъэпкъ щхьэхуит,
Фызэхуэсыжи хабзэр къэфlэт.
Къуршыфlхэм хуэдэу си лъэпкъ щхьэхуит,
Фызэхуэсыжи хабзэр къэфlэт.

Ежьу

Ежьу

Адыгэш къабзэу щlыгур зыгъэш,
Ди щlалэгъуалэм гъуэгу яхухэш.
Игъуэ нэсащи тщlыну гунэс
Ди бзэ, ди хабзэ хуэдвгъэщl нэмыс.
Игъуэ нэсащи тщlыну гунэс
Ди бзэ, ди хабзэ хуэдвгъэщl нэмыс.
Послушать/Cкачать эту песню
Mp3 320kbps на стороннем сайте

Видео к песне:
Открытка с текстом :
Удобно отправить или распечатать
Создать открытку
У нас недавно искали песни:
Листопад Фараон  Гори оно огнем честный  Песня а свечи плачут  #1Zero  Третий должен уйти песня  Nous M83  БАТЫР ГДЕ НАЙТИ МНЕ ТЕБЯ  Донна самер 
О чем песня
Султан Хажироков - Хабзэ?
2020 © Tekstovoi.Ru Тексты песен