Жьым фымыщ1 и жагъуэ (исполнитель: ЧЕРИМ НАХУШЕВ)
Жьыгъэр псоми къытпэщылъщ, И lэмыщlэм хэти дилъщ, Ди гум илъу къыдохьэкl, Жьым щlалэгъуэр зырехъуэкl. Ежьу: Щlалэгъуалэм сыволъэlу, Цlыхухэм псоми сыволъэlу, Жьы хъуа цlыхур фlыуэ флъагъу, Жьым фымыщl и жагъуэ. Маржэ, цlыхухэм сыволъэlу, Жьым фымыщl и жагъуэ. Уэ ухуеймэ пщlэ-нэмыс Жьы хъуа цlыхум хуэщl нэмыс, Жиlэ псалъэм егупсыс, Абы, маржэ, къыхэх дерс. Ежьу Псалъэ lэфlым лъэр щlегъэкl, Гум илъ бампlэр щхьэщегъэкl. Жьым уемыуэ, маржэ, игу Зэпыбупщlу уэ и гъуэгу. Ежьу Жьыгъэм уещlыр тэмакъкlэщ, Жьы хъуа цlыхум и гур хощl, И гурыщlэр lэфlыщlоху, Мыхьэнэншэр жагъуэ щохъу. Ежьу Жьыгъэм зыри lэщlэмыкl ― Жыги цlыхуи ирещlыкl. Жьыгъэм цlыхур догулэз, Хэтми сытми ар къоуз. Ежьу Жьыгъэм хэлъкъым зыхэгъэж, Зыхулъэкlми къыщхьэмыж, Фыгъуэижи зыхэмылъ, Е нэлейкlи зым емыплъ. Ежьу