Истамбыл гъуэгу (исполнитель: BJAMI)

Фыкъэдаlуэ цlыхухэ!
Фыкъэдаlуэ псори!
Псалъэр Кавказ къуршыжьхэрщ.
Емыщlэжым хыхьэ lуэхущхуэщ,
Зэман пшагъуэм щlихъума гуауэщ
Нобэ фигум къэдгъэкlыжынур.
Уо уо уо ри ра,
Истамбылым дашэ мыгъуэри дэ.

Уо си адэжь пщlантlэ гущэм
Шыгур щызэщlащlэ,
Си гущlэр къыщитхъыурэ
Хэкур сагъэбгынэ.
Уо уо уо ри ра,
Истамбылым дашэ мыгъуэри дэ.

Уо Истамбыл гъуэгу гущэри
Уей унэшэкъаши,
Си къэшэну дахэри
Жылэм къыдэзнауэ,
Уо уо уо ри ра,
Истамбылым дашэ мыгъуэри дэ.

Уо си шыпхъу нэхъыщlэ гущэр
Зэрыщхьэц барини
Ди дей зэрыбынурэ
Сэ къыскlэрыщlауэ,
Уо уо уо ри ра,
Истамбылым дашэ мыгъуэри дэ.

Сэ а махуэм кхъухь тедзапlэм
Сыкъыlукlыри сыкъежьащ,
Къуэ ещанэм сыкъэсауэ
Зы шу къакlуэу къысхуэзащ.
Жакlэм нэпсыр къыщыпыткlум
Сэлам тыгъуэр ирохьэлъэ,
Сыкъогубжьыри «лlы и хьэлкъым »
Жысlэу щlалэм сыхуохъущlэ.
Зы лъэбакъуэщ уэ уи нэпсыр
Плъагъужынум къыпхуэнэжыр,
Жиlэщ шуми си лъэужьыр
И гъуэгуанэу щlэпхъуэжащ.
Сэ къызочыр а лъэбакъуэр,
Бгъуэнщlагъ гуэрым сырохьэлlэ.
Лlауэ щылъыр щlегъу щэныкъуэм,
Лlэуэ щылъыр абы хыубжэм
Зы щитху хъуну къыщlэкlынщ.
Зи джанэбгъэр фыщlа анэм
И нэр къаплъэу псэр щинащ,
Зи псэм еджэ и сабийри,
Зэса бгъафэм щlэгъуэлъхьащ.
Насыпыншэу къалъхуа цlыкlур
Шхэну хуейщи хокlиикl,
Зи псэ пытхэм ар зэхахри
Плъагъуу я гур кlоузыкl.
Тlэкlу щэlужри lэуа дыгъэм
И нэ цlыкlухэр щlилъэфащ.
Сэри щlакlуэр занэзэкъуэм
Хьэдэтепхъуэ яхуэсщlащ.
Шум жиlауэ сэ си нэпсыр,
Щlакlуэм тету слъагъужащ.
Мис абдежым сиувыкlыри
Сэ тхьэлъанэ быдэу сщlащ —
Къызэдаlуэр, акъыл зиlэр,
Мы lуэху бзаджэм къезгъэлыну
Энджылызми Тырку пащыхьми
Си хэку дахэр щысхъумэну
Емынэ узыр зыхыхьэпауэ
Зытекlуэдэжыр Тыркум нэсахэрщ,
Я нэхъыбитlыр хыр къэукъубейри,
Хьэпlацlэ lусыу хэкlуэдэжахэщ.
Къэнажа тlэкlур мы къуакlэ-бгыкlэм
Дэвубыдауэ дывогъэлlыхьыр.
Фэ итlани фи тхьэлъанэщ
Дэ ди цlыхухэр фlыуэ флъагъуу,
Бгырыс лъэпкъыу щыlэ псоми
Фlы къехъулlэм фэ фи гуапэу.
Ар апхуэдэу щытыр пэжым
Зылъэмыкlхэр щыхэкlуадэм,
Ди цlыхубзхэр шыплlэжьагъэу
Хъан бейгуэлхэм щызэрапхъуэм
Хэт и хьэдэ фэ вгъеяр?
Лей къыттехьэу сыт щlэвдар?
Хьэпэщыпхэ бийм яхуэхъуу
Сыт фэ дыуэ щlэвмытхар?
Зэм Щамилым, зэм алыхьым ,
Зэм пащтыхьым фырилlыкlуэщ.
Дэнэу пlэрэ фэ цlыхугъапцlэу
Емынэжьхэм фи къежьапlэр.
Хэт и хабзэм тедухуэну
Фэ фи хьэдэм и щlэлъхьэкlэр,
Сын фхуэтщlынут блащхьэ фlэту
Щlым ар хэптlэм щlыр гызынущ.
Мафlэ тщlырэ фыхедгъасхьэм,
Уз хэкlынущ фи жьэрымэм.
Ар псом нэхърэ нэхъ фхуэфащэщ
lус фахуэхъум псыпцlэблэжьхэм.
Цlыху нэлатыр зытехуауэ
Щхъухьыр щхъухьым хырекlуадэ,
Зи губампlэ мытlысахэм
Фэ фи ужьыр яхухъу махуэ!

Адыгэжь бэракъ гущэри,
Уей жьыбгъэм зэрехьэ.
Ди деж я хъыбархэри,
Хэт дэ къытхуихьыну.
Уо уо уо ри ра,
Истамбылым дашэ мыгъуэри дэ.
Послушать/Cкачать эту песню
Mp3 320kbps на стороннем сайте

Видео к песне:
Открытка с текстом :
Удобно отправить или распечатать
Создать открытку
У нас недавно искали песни:
Зацелую до смерти господи прости  Би2 медленно  Mani dj vint  Самые пресамые  Sencho -bang bang  Du im harsn es HRAYR  Bard shark naxxramas 
О чем песня
BJAMI - Истамбыл гъуэгу?
2020 © Tekstovoi.Ru Тексты песен