Къайсэрыжьым и истасйоныр (исполнитель: нэхущ чэрим)
Дыщэблэр дэплъэкӀ къышищкӀэ сэрмыгъуэ, Бзуущхьэу ухызогъэзагъэ. ПӀэщхьагъкӀэ зигу мызэгъахэри сэрмыгъуэ, ДунейкӀэ жыхьэнэмэкъэ. Къайсэрыжьым фи Ӏыстасйонри сэрмыгъуэ, МэфӀэгур щызэрызэрошэр. Зэпылъу зэрымышэхэри сэрмыгъуэ, ДунейкӀэ жыхьэнэмэкъэ. Жыжэурэ укъысхуэувыурэ сэрмахуэ, ТэрмэшкӀэ укъызопсалъэ. Гъунэгъу дызэбгъэпсалъэтэми сэрмыгъуэ, Ди Ӏ...уэхухэр къызэфӀэкӀынут. Къайсэрыжьым фи фабрикъэжьхэмэ сэрмыгъуэ, ЩӀэкӀышхуэр кӀыщыщӀагъэк1ыр. Ди Ӏуэхухэр тхузэфӀэзгъэк1ми сэрмахуэ, Ахърэтым жэнэтыр йейти. Данэурэ си щхьэцыгъуэшхуэхэр сэрмыгъуэ, ПӀэ лъапэм щызогъэлъалъэр. Нэпсурэ къезгъэлъэлъэхыр сэрмахуэ, Си благъэм фи гуэных щыӀэкъэ. Данэурэ си щхьэцыгъуэшхуэхэр сэрмыгъуэ, Мажьэдзэм схузэгуэмихи. ПхъэхкӀэрэ сызгуахыфынуми сэрмахуэ, А щӀалэр си гум имкӀыну. Кайсэрыжьым фи уэздыгъэшхуэхэр сэрмахуэ Нэху дахэу кызыкIэлъыщонэр, А щIалэр си гу кыщридзэкIэ сэрмахуэ, Iэл фIыцIэу сыкъызыщIонэр. Бзэпсурэ си пшынэ фыIцIэри сэрмахуэ Дыгъэпсым хизогъэпсалъэр, А щIалъэм зэ сэзгъэпсалъэми, сэрмахуэ Ахърэтым жэнэтыр йейти. Мэрашым и данэ Iувыри сэрмахуэ Ер-йей сэ къызолажьэр, Си ныбжьым къэслъэгъуа лажьэри сэрмахуэ, А щIалэм сщIигъагъупщIакIа. Апэжьажьэу си пшынэ фIыцIэри сэрмахуэ, Ералахь пхъуантэм щощугъуэр МыбыкIэрэ жьэщIищ мэхуищIкIэрэ сэрмахуэ, Си лэгъунэм сыщIыщIыгъуэкIэ. ИпщэкIэ Къунашей гъуэгури сэрмахуэ, ПIцIэгъуэплъым къызыхеудэр Ей мыгъуэ сызэгуэмыудурэ сэрмахуэ А щIалэм сыIувгъэплъэжьыт.