Отсутствует (исполнитель: Неизвестен)
Псалъэ: Думэн М. Макъамэ: Думэн М. Пшынэ макъхэри Псэм хуэусэу жыжьэу зэподжэж Лъагъуныгъэм и пшынэбзэ дахэри Гъатхэ жэщ мазэгъуэм ныхохьэж Къос гъатхэпэри Къоушыж гу хэлъ упщlыlужар Жэщ вагъуэбэм хэкlуэдэж си вагъуэурэ Лъагъуныгъэр фэеплъ схуэзыщlар Пшынэбзэ lэфlу си гум щызгъэфlа Гъатхэпэ мазэр зи фэеплъ схуэхъуа Лъагъуныгъэ пшынэм и щыуагъэуПшынэ lэпэу сызыщыгъупща. Гъатхэ мазэхэм Я пшынэбзэ щабэм сыдоудж Си гухэлъхэм я пшынэбзэ гуапэри Япэ удз гъагъахэм къыдоудж Сфlощl гъатхэпэри Си блэкlа щlалэгъуэу псэм хыхьэж Ди щlалэгъуэм здэтхьыжа щыуагъэхэр Мы ди насып губгъуэм щыгъагъэж.