Къарс зауэм и уэрэд (исполнитель: Къущхьэ Тыгъуэн)

1.
Урысей топыми, уэй-рау, ди чэр къекъутэркъэ, уой. (тIо)
Мэгъэрей бжьыхьэми къэмыкъутэжмэ, дынэгугъэжкъымэ, уой. (тIо)
 
2.
Шы щхъуантlэ цlыкlури, уэй-рау, (е /Шыпэхужь цlыкlури, уэй-рау/,) зэрыкlэмащlэри, уэй. (тIо)
Къэбэрдей щlалэуэ зи гъащlэ мащlэхэр Къарс фагъэкlуа мыгъуи фэ. (тIо)
 
3.
Хьэмцlий хьэнтхъупсыми, уэй-рау, фыкъырагъафэри фэ. (тIо)
Дэ дызщыгугъхэми Къарсым и губгъуэхэр лъым евгъэфа мыгъуи фэ. (тIо)
(е /Къарсым и губгъуэхэр адыгэ щlалэхэм лъы евгъэфа мыгъуи, уой/.)
 
4.
Сарыкъамышымэ, уэй-рау, шэр къыдолъалъэри, уэй. (тIо)
Узун-яйлэ шухэри Сарыкъамышымэ щелъэлъэха мыгъуи, уэй. (тIо)
 
5.
Мо къуалэбзухэми, уэй-рау, къыздагъэзэжыркъэ, уэй. (тIо)
Къэвгъэзэжынкlэрэ дэ дыфщыгугъырти гугъэр дыуха мыгъуи дэ. (тIо)
Послушать/Cкачать эту песню
Mp3 320kbps на стороннем сайте

Открытка с текстом :
Удобно отправить или распечатать
Создать открытку
У нас недавно искали песни:
Ты думаешь  Вокалоиды alice  Заражённая  Lucky girl Li -друзья  За тебя умирал Иисус Ксения Лапицкая  All I Want Feat Avielle Breen dubStep BaLaNce Static  Соседи реп  Не много ни мало полная Карандаш 
О чем песня
Къущхьэ Тыгъуэн - Къарс зауэм и уэрэд?
2020 © Tekstovoi.Ru Тексты песен