Отсутствует (исполнитель: Неизвестен)
1. Урысей топыми, уэй-рау, ди чэр къекъутэркъэ, уой. (2 раза) Мэгъэрей бжьыхьэми къэмыкъутэжмэ, дынэгугъэжкъымэ, уой. (2 раза) 2. Шы щхъуантlэ цlыкlури, уэй-рау, (или Шыпэхужь цlыкlури, уэй-рау,) зэрыкlэмащlэри, уэй. (2 раза) Къэбэрдей щlалэуэ зи гъащlэ мащlэхэр Къарс фагъэкlуа мыгъуи фэ. (2 раза) 3. Хьэмцlий хьэнтхъупсыми, уэй-рау, фыкъырагъафэри фэ. (2 раза) Дэ дызщыгугъхэми Къарсым и губгъуэхэр лъым евгъэфа мыгъуи фэ. (2 раза) (или Къарсым и губгъуэхэр адыгэ щlалэхэм лъы евгъэфа мыгъуи, уой.) 4. Сарыкъамышымэ, уэй-рау, шэр къыдолъалъэри, уэй. (2 раза) Узун-яйлэ шухэри Сарыкъамышымэ щелъэлъэха мыгъуи, уэй. (2 раза) 5. Мо къуалэбзухэми, уэй-рау, къыздагъэзэжыркъэ, уэй. (2 раза) Къэвгъэзэжынкlэрэ дэ дыфщыгугъырти гугъэр дыуха мыгъуи дэ. (2 раза)