И анэ еплъи ипхъу къашэ (исполнитель: Азамат Хамурзов —)
Хъуащ си къэшэгъуи, зыбжанэ щlауэ, Цlыхум хуэмыхьыр ди деж сагъэхь. Сщlынур сымыщlэу нобэ щыкъуанэ, Къуажэ фызыжьым саныхоплъыхь. Ежьу: И анэ еплъи ипхъу къашэ — адыгэ псалъэжь! Фыз къыщытшэм утщогъупщэж, уой. И анэ еплъи ипхъу къашэ — адыгэ псалъэжь! Фыз къыщытшэм утщогъупщэж. Нанэхэр дыщэщ, дагъуэ ямыlэ, Укъимыкlуэту малъхъэ захуэщl. Екlухэщ, зэкlужхэщ хуэдэ щымыlэ, Уи нэр уфlыцlи lэпэ яхуэщl! Ежьу И анэм ещхьу къэсшащ нысащlэ, Ныбжьэгъухэм жаlэ: «Къыхиудащ»! И жьэр зэщlихым дыкъыхегъащlэ, Жьантlэри пасэу плъапlэ тфlищlащ. Ежьу Сщlащ сэ щхьэгъусэ зыбжанэ щlауэ, Цlыхум хуэмыхьыр абы сегъэхь! Ещхькъым нысащlэр зыкlи и анэм, Уфlэфlыхункlи щlы уэ хэплъыхь! Ежьу Хъуащ си къэшэгъуи, зыбжанэ щlауэ, Цlыхум хуэмыхьыр ди деж сагъэхь. Сщlынур сымыщlэу нобэ щыкъуанэ, Къуажэ фызыжьым саныхоплъыхь. Ежьу