Batraz (исполнитель: Noba Rey)
Хъымыщ и къуэ Батэрэз. Батэрэзыу щlалэ закъуэр зы гуузт. Батэрэзыр гуузищэуи зэкlуэцlылът. Ныбэм илъу зиадэм илъыр зымыгъэгъу. Батэрэзыр испы гуащэм къыщыхэзым, Лъы уасэ къану ар а махуэм къыщахь. Ар lэнейм и быдэхэр и гущэ натlэу, Ар чэщейм и къабзэхэр и гущэ дзажэу, Бланэ жэрым и тхыцlафэр зи гущэпс, Шэмбырым и дахэхэр зи гущэ баш. Вакъуэнанэ Батэрэзыр къыщыхипхэм, Зеукъуэдийри гущэ натlэр ныгуещlыкl, Зыкъегъэпщри гущэпс быдэр зэпеуд, Зигъэчыну жыхэфэгум нытолъадэ. Вакъуэнанэ нэжъгъущlыдзэщ гу нылъетэ, "Си нэхунэр къэхъууэ щытмэ лlы хэкlынщ, Нартхэ лъэпкъыр абы щыгъуэ ехъулlэнщ".