Нысащ1э (исполнитель: Шалов Хусен)
Нобэ ди махуэщ, ди хьэгъуэлlыгъуэщ, Уи нэгум нурыр къырех, си дахэ. Дунейм нэхъ лъапlэу темыт зы фlыгъуэ, Мэгъагъэ ди псэу зэрыгъуэтахэр. Ежьу: Уэ сыпlуплъэхукlэ къолъэтыр си гур, Апхуэдэу нобэ щхьэ удэхащэ! Дэ ди гуфlэгъуэр имыхуэ уэгум, Полыдыр дыгъэм адыгэ фащэр. Нэхъ дахэ теткъым уэр нэхъ мы щlыгум, Сэ гъащlэу сиlэр тыгъэ пхуэсщlынущ. Уи лъагъуныгъэ хыхьащи си гум Сэ сыпсэухукlэ ар згъэпэжынущ. Ежьу Ныбжьэгъуу диlэр дэ къыддогуфlэ, Гъэнщlауэ хъуэхъукlэ яlэтыр джэгур. Сыхуейщ ухъуну уэ насыпыфlэ Имыкlыу гуфlэр, си псэ, уи нэгум. Ежьу