Нэкъулэн (исполнитель: Къущхьэ Тыгъуэн)

Нэкъуэлэн

                                                   1.

Дэ хьэгъуэлlыгъуэм дыщзэхуэзащ,

Уи псалъэ lэфlхэр сигум къинащ,

Мы сигу делэжьыр сфlыдэпхьэхащ,

Нэкъуэлэн зэ слъагъужыну пlэрэ, уей?

Сыдэпхьэхащи, уей,

Нэкъуэлэн зэ слъагъужыну пlэрэ, уей?

 

         2.

Фи уэрамышхуэр кlуапlэ схуэхъуащ,

Узмылъагъуфурэ нэху къыстещхьащ,

Мо нэхущ вагъуэм уи фэ есплъащ,

Нэкъуэлэн зэ слъагъужыну пlэрэ, уей?

Си нэхущ вагъуэ, уей,

Нэкъуэлэн зэ слъагъужыну пlэрэ, уей?

 

         3.

Усlэщlахынкlэ сэ сагъэшынэ,

Уи пшынэ макъыми сэ сыщlодэlу,

Седаlуэ пэтми зыщызмыгъэнщl,

Нэкъуэлэн зэ слъагъужыну пlэрэ, уей?

Зыщызгъэнщlакъым, уей,

Нэкъуэлэн зэ слъагъужыну пlэрэ, уей?

 

         4.

Мо къуалэбзухэм уэрэд къыраш,

«Къашэ» къызжаlуурэ сэ къызаlуэкl,

Гухэлъ пхэзыщlым уемыпэгэкl,

Нэкъуэлэн зэ слъагъужыну пlэрэ, уей?

Къызэпэгэкlми содэ,

Нэкъуэлэн зэ слъагъужыну пlэрэ, уей?

 

         5.

Мы си ныбжьэгъухэм ауан сыкъащl,

Сщlэнур сымыщlэу сыкъэбгъэнащ,

Уи нэкъуэлэнхэм сигум къэкlащ,

Нэкъуэлэн зэ слъагъужыну пlэрэ, уей?

Сигу укъэкlащи, уей,

Нэкъуэлэн зэ слъагъужыну пlэрэ, уей?

 

         6.

Цlыхур ерыщмэ, сыт lэщlэкlын?

Лъагъуныгъэр пэжмэ, хэт пэлъэщын?

Мурад пхуэсщlащи, си дахэкlей,

Нэкъуэлэн зэ слъагъужыну пlэрэ, уей?

Мурад пхуэсщlащи, уей,

Нэкъуэлэн зэ слъагъужыну пlэрэ, уей?
Послушать/Cкачать эту песню
Mp3 320kbps на стороннем сайте

Открытка с текстом :
Удобно отправить или распечатать
Создать открытку
У нас недавно искали песни:
Недосказанность  Kirk Franklin Without You  Kirk Franklin First Love  Kirk Franklin Sunshine  Kirk Franklin Declaration  Kirk Franklin Help Me Believe  Kirk Franklin How It Used To Be  Kirk Franklin He Will Supply 
О чем песня
Къущхьэ Тыгъуэн - Нэкъулэн?
2020 © Tekstovoi.Ru Тексты песен