Отсутствует (исполнитель: Неизвестен)
lумидрэ Динэрэ я уэрэд Автор песни Доган Кушха Девушка: Хьэмосей гъуэгум шыгухэр щызэрызошэри, lумид сэ сишэнути уасэр имыгъуэт. Фидей дыкъамыдэ мыгъуэм, Дидей дамыдэж мыгъуэм, Губгъуэр ди лэгъунэм Даурэ дыхъужыну? Припев: Уэ, макlуэ, макlуэ, Махуэхэр макlуэ, Уэ, макlуэ, макlуэ, Ди гъащlэр макlуэ. Парень: Си бжэн къуий цlыкlур зэрыгъэшыфlэти, «Щlалэфlкъым» жаlэри Динэ сыхуауб. И щхьэцыр щlакlуэмэ, И кlуэкlэр дахэмэ, И нэхэр нагъуэмэ, Ар сэ си къэшэнкъэ! Припев. Девушка: Цеищхъуэжь цlыкlур зэрыкlэлъэфщи, жи Уэ зиплъэфыхьурэ ди гъащlэр макlуэ, Фидей дыкъамыдэ мыгъуэм, Дидей дамыдэж мыгъуэм, Губгъуэр ди лэгъунэм Даурэ дыхъужыну? Припев. Парень: Динэ и дэхагъэм сыдимыхьэхщи, Сэ сыдэзыхьэхыр и щlыкlэ дахэщ, И щхьэцыр щlакlуэмэ, И кlуэкlэр дахэмэ, И нэхэр нагъуэмэ, Ар сэ си къэшэнкъэ! Припев. Девушка: Джэмыдэжьитlым пкlэ къуацэ ямыlэ, «Витl яlэкъым» жаlэри lумид сырамыт. Фидей дыкъамыдэ мыгъуэм, Дидей дамыдэж мыгъуэм, Губгъуэр ди лэгъунэм Даурэ дыхъужыну? Припев. Парень: Си ныбжьэгъу щlалэхэр сэ къызэмгугъу жи, Сиадэ къызэгугъутэмэ сэ къэсшэфынут. И щхьэцыр щlакlуэмэ, И кlуэкlэр дахэмэ, И нэхэр нагъуэмэ, Ар сэ си къэшэнкъэ! Припев. Девушка: Мыхъур lэлъынхэр къуагъкlэрэ къызотыр. Си уасэр къэпттэмэ, сыхьэзырыххэт. Фидей дыкъамыдэ мыгъуэм, Дидей дамыдэж мыгъуэм, Губгъуэр ди лэгъунэм Даурэ дыхъужыну? Припев. Парень: Чэсей хужь джанэр зэрыlэгъуэпагуэщи, Пщащэ хужь пагуэм сыногуэкlуакъэ! И щхьэцыр щlакlуэмэ, И кlуэкlэр дахэмэ, И нэхэр нагъуэмэ, Ар сэ си къэшэнкъэ! Припев. Девушка: Чэсей хужь джанэр зэрыщlэращlэти, Щlалэ щlэращlэм сыногуэкlуакъэ! Фидей дыкъамыдэ мыгъуэм, Дидей дамыдэж мыгъуэм, Губгъуэр ди лэгъунэм Даурэ дыхъужыну? Припев.