Хэхэс пщащэ (Sana C) (исполнитель: Черим Нахушев)
Псалъэ: Аброкъуэ Б. Макъамэ: Лъэпкъым ейщ Уфафэу хышхуэр пшыхь дэхащэщ Пщlыхьэпlэм къыщыпlущащар Хэгъэгу хуэпабгъэу уэ уи гъыщlэр Адэ - хэкужь и жэнэт щlыгу Укъисшэжыну уэ нысащlэу Сыныпхуопlащlэр си къэшэн. Адыгэ пшынэр щыбзэрабзэм Адыгэ фащэр щоуфэразэ Щауэ къуданхэр щхьэуназэ Зыщl тхьэlухудыр си къэшэнщ. Хэхэс дунейр пхуэзмыгъэфащэ Псэр зыхьэхуауэ си къэшэн. Гъэмахуэ пшыхьым сещl гу махэ Уэс пыlэ къуршхэм саlуплъам Уэгу дыхьэрэныр пшэплъ дыщафэу Дыгъэ къухьам щытхуриlам Насып схуэхъунт уи адэжь лъахэ Укъисшэжауэ щыслъагъуам. Си нэгу ущlэтщ си дыгъэ мазэ Си гухэлъ къабзэр узогъэз Жэщ хъуарэ жейр нэм емызэгъыу Уэ дахэ ращ сызыдэхъуар Си насып закъуэр зыдэслъагъуу Си пщащэ нагъуэу си къэшэн.