Моя Кабарда (Си Къабэрдей) (исполнитель: STEMI)
Cи Къэбэрдей Мэхъур си ф1эщ сэ си1энщ гъащ1э дахэ Си анэ си адэр згъэгуф1эн Си псэр хузощ1ыр тыгъэ си лъахэм Си Хэкум папщ1э темыт сымыщ1эн. Сэ сыадыгэщи абы сырогушхуэ Ирехъу насыпыф1э къэк1уэну пщэдейр Удахэу, угъагъэу, зэкъуэту зэкъуэшхэр Уэ сыпхуохъуахъуэ си Къэбэрдейр. Къуршыжь щхьэхужьхэм си гущэр щ1аупск1эу Акъужь уэрэдым сыкъыдэхъуащ Ди адыгэщ1ыр солъагъури ф1ыщэу Си насып фалъэр изу ихъуащ. Сэ сыадыгэщи абы сырогушхуэ Ирехъу насыпыф1э къэк1уэну пщэдейр Удахэу, угъагъэу, зэкъуэту зэкъуэшхэр Уэ сыпхуохъуахъуэ си Къэбэрдейр. Зауэм пэрыхьэм ди щ1алэхэр хахуэщ Нурыр къырехыр ди пщащэм и нэгу Къытщхьэщытыхук1э ди 1уащхьэмахуэ Адыгэ лъэпкъым уи1экъэ гъуэгу Сэ сыадыгэщи абы сырогушхуэ Ирехъу насыпыф1э къэк1уэну пщэдейр Удахэу, угъагъэу, зэкъуэту зэкъуэшхэр Уэ сыпхуохъуахъуэ си Къэбэрдейр.