Сигу сеуа си дахэ (исполнитель: Магамет Дзыбов)

схуэгъэгъэжкъым розэу уэ уи нэк1уыр 
нэ къуэлэнхэм си сурэт къимыщ. 
си сэламри – щ1ы1э щохъу уи 1эгум 
уигуми щэхуу гуауэ къе1ущэщ.
дахэу удз гъэгъам – япэу къыхэсха
сэ уэрэдк1э гъащ1эм ухэстха 
сытк1э уигу сеуа, си дахэ, 
хэт ус1эщ1иха, си гъатхэ, 
жэуапыншэу щхьэ сыкъэбгъэна? 
сынопсалъэм – щ1ыбк1э зыбогъазэ,
Сэтэней хуэлъакъуэу щ1ым уоплъых. 
уэ сыппоплъэр гъащ1эм щызимазэ 
уи 1уплъэгъуэ закъуэм сыщ1охъуэпс.
дахэу удз гъэгъам – япэу къыхэсха. 
сэ уэрэдк1э гъащ1эм ухэстха. 
сытк1э уигу сеуа, си дахэ, 
хэт ус1эщ1иха, си гъатхэ, 
жэуапыншэу щхьэ сыкъэбгъэна? 
лъагъуныгъэм къипэщ1ащ(?) зы хабзэ.
к1уауэ щытми пэжыр имыхъуэж. 
къызэтыж уэ сигур сыкъэгъази, 
уи фэеплъуи ар къысхуэгъэнэж.
дахэу удз гъэгъам – япэу къыхэсха.
сэ уэрэдк1э гъащ1эм ухэстха.
сытк1э уигу сеуа, си дахэ, 
хэт ус1эщ1иха, си гъатхэ, 
жэуапыншэу щхьэ сыкъэбгъэна?
Послушать/Cкачать эту песню
Mp3 320kbps на стороннем сайте

Видео к песне:
Открытка с текстом :
Удобно отправить или распечатать
Создать открытку
У нас недавно искали песни:
Casa parinteasca nu se vinde Irina LOGHIN si FUEGO  Sickbag kilka prawd  Ari Ari 2012 Agas Vardanyan  Озин бил  Rain Mashur Remix Dab Step Dj Demik  Le Cose Che Sei Per Me Radio Classic Angels  Lifeline Original Mix BT feat Dragon Jontron  Mashiro (Yukana) - Hoshi ga Kanaderu Monogatari 
О чем песня
Магамет Дзыбов - Сигу сеуа си дахэ?
2020 © Tekstovoi.Ru Тексты песен